Дахэжан

Уэрэдыр зыусар - Тӏэш Хьэмид

ТЕКСТ ПЕСНИ:

1) Уи щхьэцыгъуэ дахэри тӏууэрэ зэгуох,

А уи нэ дахитӏыми нурыр къыщӏех,

Уи нэм сыщӏэплъэхукӏэ си гур сӏэпех,

Уи нэ къуэлэнитӏыми сэ сыдихьэхащ.

ей,

Фӏыуэ слъагъуу Дахэжан,

Си нэм хуэдэу Дахэжан,

Си псэм хуэдэу Дахэжан,

Дахэ дыддэу Дахэжан.

2) Сыт си лажьэр Дахэжан? сы щӏалэ къуданщ,

Узыхуэмей щӏалэхэми щхьэ сэ сахыубжа?

Усхуэмейуэ щытыми, сыт щӏыжомыӏар?

Лъагъуныгъэр гущӏэгъуншэу сыт къыщӏэбгъэнар?

3) Фӏыуэ узолъагъур жыпӏэу щхьэ сыдэпхьэха?

Мафӏэр ӏэкӏэ сыбгъэубыду уӏукӏуэтыжа.

Жыжьэу укъыщыту сэ укъыскӏэлъоплъ,

Псы пэгуныр ӏэкӏэ пӏыгъуу мафӏэм сыбогъэс

4) А уи нэ дахитӏыми вагъуитӏ къыщӏопс,

Си нэм дыгъэр къыщӏэмыпсэу уэ сыпщӏогупсыс,

Мы си гущӏэр псалъэкӏэ щхьэ зэпыбупщӏа?

Сэ ӏэзэгъуэ симыжу щхьэ сыкъэбгъэна?

5) Щӏалэ дахэ улъыхъуэмэ - дахэр дахэ лъыхъущ,

Щӏалэ дэгъуэ улъыхъуэмэ уэ пхуэдэ сыхъунщ,

Щӏалэ хъыжьэу уи яужь итхэр пкӏэрылъэлъыжынщ,

Е ущыуэу ӏэщӏыб сыпщӏмэ ухущӏегъуэжынщ!

Источник: Одноклассники.ru - Группа "Хэкурэ - Хабзэрэ"