Си къэшэныр аращ

Слова - Мария Виндижева

Музыка народная

Исполнители: Черим Нахушев

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Кавказ щхьэщыгум и акъужь мащӏэм

Пшэр егъэкӏуасэ, гущэ уэуи.

Си пщӏыхь нэӏуасэу гур зыгъэкӏуасэр

Си тхьэӏухудыр аращ.

Тхьэрыкъуэ пщэхуу зэпсэгъу цӏыкӏуитӏым

Зызыхуагъафӏэ, гущэ уэуи.

Гущӏэ щызгъафӏэу си псэм фӏэӏэфӏыр

Си тхьэӏухудыр аращ.

Припев:

Ар си дахэщ еу-уэ-ра-да ар си нэ си псэщ еу-уэ-ра-да,

Си лъэгъуныгъэри еу-уэ-ра-да, си къэшэныр аращ.

Ар си дахэщ еу-уэ-ра-да адыгэ пщащэщ еу-уэ-ра-да,

Сызыгъэусэри еу-уэ-ра-да, си къэшэныр аращ.

Нэхущ бзу цӏыкӏухэр махуэщӏэ къакӏуэм

Екӏуурэ хуобзэрабзэ, уэуи.

Пшынэм и ӏэпэр зыхуэбзэрабзэр

Си лъагъуныгъэр аращ.

Дыгъэр я плъапӏэу сэхуран гъагъэм

Хуэмурэ зыдагъазэр, уэуи.

Нанэ и плъапӏэу си гум щызгъафӏэр

Си тхьэӏухудыр аращ.

Источник: oredade.ru