ТЕКСТ ПЕСНИ:
Сигур ныпхуозэш,
Псэм зыкъыбдегъэш,
Зы жэщ закъуэ сигу укъинэжам.
Ей, си дахащэ,
Сигур пхуогумащӏэ,
Сыту фӏыщэу си псэм уилъэгъуа.
Къуажэр жейм хишам,
Гум уэрэд пхуеус,
Сигур пхьэхури зысфӏэбгъэпщкӏужащ.
Ей, си дахащэ,
Сигур пхуогумащӏэ,
Жэщ мазэхэм усӏэщӏихыжащ.
Мазэр си дэлэлщ,
Схуэхъури зы махуэл
Блэзмыгъэкӏыу уэ сыныппэплъащ.
Ей, си дахащэ,
Сигур пхуогумащӏэ,
Жэщыр уэршэрэгъу къысхуэпщӏыжащ.
Джэгуи сымыкӏуэж,
Пшынэр мыусэж,
Фэеплъ вагъуэр уэгум имысыж.
Ей, си дахащэ,
Сигур пхуогумащӏэ,
Сигу лӏэжам уэ гъащӏэу къыхыхьэж.
Источник: https://tekstovoi.ru
ключевые слова: дэхащэ