Уей Кушмэзыкъуей

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Бахъсэн аузурэ фӏыр зыдэс псыхъуэ,

Лъыхъур щагъафӏэурэ си адэжь хэку.

Кушмэзыкъуейуэрэ си гум и фӏыгъуэ,

Адэжь щӏыналъэм уэ пхузощӏыр джэгу.

Припев:

Уей Кушмэзыкъуей!

Си гъащӏэ дахэр зей.

Уей Кушмэзыкъуей!

Адэжь щӏыналъэм я лей.

Екъ ущыкъуеишхуэмкӏэ хабзэр щызокӏуэ,

Джэтэжьей хьэблэмкӏэ лӏыгъэр щопсыхь.

Бэхъсэн къалэшхуэуэ фӏыгъуэр щефӏакӏуэ,

Къэбэрдеишхуэми и хабзэ тыхь.

Припев.

Уи лӏыхъужь уардэхэр хабзэ гъэдахэу

Лӏыгъэм и пашэурэ утыку итащ.

Къэбэрдеишхуэм и хабзэ къежьапӏэу

Бахъсэн аузыр укъытхуэнащ.

Припев.

Кушмэзыкъуейуэрэ фӏым и къежьапӏэ,

Бахъсэн аузурэ адэ хэкужь.

Хъуэхъуфӏ щаӏэтурэ си жьантӏэ лъапӏэ,

Си адыгэбзэми и щхьэрхъуэн хужь.

Припев.