Си лъэпкъ

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Кавказ зауэжьым хэхэс уэ уищӏри

Бэлыхьу мащӏэ умышэча,

Хыумых уэ гугъэр уи адэжь ищӏым —

Гугъуехьу дапщэ къызэбнэкӏа.

Припев:

Си хэку дахащэу мы си щӏыналъэр

Щырет мэмыру, уей,

Мы сигум ину си лъэӏу щызгъафӏэр —

Ирехъу уахътыншэ, уей.

Уэ плъэгъуа гуауэм дерс къыхэпхахэр

Адыгэ лъэпкъым уи жыр мэӏухущ,

Гуфӏэгъуэ ину къохъулӏэжахэр

Уи бэшэчагъым къыпхуихьа щӏыхьщ.

Припев.

Си лъэкъ лӏыхъужьым зыкъэпщӏэжауэ

Уи лӏыгъэ фащэр зыщотӏэгъэж,

Пащтыхь лъыифхэм ирахужьауэ

Хэхэс хъуа бынхэр къызэщокӏуэж.

Припев.

Лъапсэрыхь зауэм ирикъухьахэр

Уи нып удзыфэм щӏэгъэувэж.

Уи намыс дахэр къэпӏэтыжауэ

Адыгэ лъахэм зыдэужьыж.

Припев.

Источник: www.oredade.ru