Сэ сокӏуэж

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Жэщ ныкъуэм гур пӏейтейуэ къызэщыуащ,

Куэдрэ дыщыуащ.

Псалъэ дыдж гукъеуэ хъуахэр сэри къызощӏэж —

Сыхущӏемыгъуэж.

Сыхуейщ уэ пщӏэн а псор. Мис а псор.

Припев:

Мы гъэмахуэр псэм и хущхъуэгъуэу блэкӏащ,

Си гур соунэщӏри сэ сокӏуэж, сэ сокӏуэж.

Бжьыхьэр къэсри ди гъащӏэ гъуэгу зэхэкӏащ,

Уи гум зыри илъкъым. Сэ сокӏуэж, сэ сокӏуэж, сэ сокӏуэж.

Дэ ди зэӏущӏэм къасщӏу сихъуэжащ,

Сэ нэхъыфӏ сыхъуащ.

Си пщэдейм сыщымышынэ сэ, дауэ хъунуми,

Сыт къэхъунуми.

Сыхуейщ бжесӏэн «упсэу». Уэ упсэу.

Припев.

Зэхэпхыркъым уэ ныбжесӏэхэр,

Зэхэпщӏэкъым си гухэлъ,

Зэхэлъкъыми ди насып дэ тӏум,

Уэрыншэу сэ адкӏэ сокӏуэр.

Припев.

Источник: oredade.ru

Скачать бесплатно MP3

ключевые слова: сок1уэж