Цым цым уей

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Цым цым, цым цым уей,

Къокӏуэр шыдым тесу ди Хъуэжэ,

Ар зэрыхъуэжэщ зимыхъуэжауэ.

Щодыхьэшх хуэмыхуу цӏыху нэпсейм,

Зи щхьэр нэщӏу пэр дэзыӏэтейм.

Цым цым, цым цым уей,

Гуащэр нысэм гуащӏу текӏиящ,

Нысэм и бэлагъыр къипхъуэтащ,

Судым кӏуэну тӏури ежьэжахэщ,

Ди Хъуэжэи ахэм къахуэзащ.

Цым цым, цым цым уей,

Пэлыштофыр къыщыхъужу бжьэф,

Хуабжьу ефэу фадэми лӏы чэф

Шэдым хэлъу Хъуэжэ къилъэгъуащ —

Шыдыр нэхъ губзыгъэу къилъытащ.

Цым цым, цым цым уей,

Хъуэжэ йоплъыр хъыджэбз къыӏущӏам,

Зи нэщӏащэр фӏыцӏэу къилыкӏам,

Зи щхьэр къанжэ игъуэу гъэбэтам,

Зи кӏэр адэжыну пыупщӏам.

Цым цым, цым цым уей,

Хъуэжэ и шыд цӏыкӏур щӏоущыхь,

Езым дуней дахэу хъуар къеплъыхь,

Щогуфӏыкӏыр гъащӏэ ефӏэкӏуахэм,

Ауэ щодыхьэшхыр ӏей къэнам.