Пщащэхэр, щауэхэр

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Нэхулъэм и пшынэщ уэрэдыу дгъэшыныр

Гъащӏэщӏэм и бынхэм (уейжи).

Пшынабзэр мэушэ (уейжи),

Шыуейхэр къуданхэщ (уейжи).

Къафэм ди ӏэгур толъалъэ

Гур тхуэмыубыду мэлъатэ.

Припев:

Пщэщэхэр, щэуэхэр, фыкъафэт, фыджэгут.

Уейжи, фыкъафэт,

Уейжи, фыджэгут, пщащэхэр, щауэхэр.

Пшынауэу си дыгъэ, гугъапӏэ сыпщӏынум,

Пшынабзэр гъэпсалъэт (уейжи).

Псэлъэншэу си дахэр (уейжи)

Къихьащи утыкум (уейжи).

Гугъапӏэу сиӏэр а зырщи,

Ӏэгу жи, уейжи, ныбжьэгъухэ.

Припев.

(Уей) дадэ, къеблагъэ, гъэбжьыфӏэ ди джэгур,

Ди лъэгум къыщӏэплъэт (уейжи).

Лъэм тетыр щауэщӏэщ (уейжи),

Фӏэмащӏэщ утыкур (уейжи).

Мысысу ди насып фалъэр,

Утыкур инщи, фыкъафэ.

Припев.