ТЕКСТ ПЕСНИ:
Сырокӏуэ зы гъуэгу,
Сыгугъэу сопсэу.
Къыщӏохьэр си нэгу
Блэкӏар.
Зи жьауэ згъуэта,
Зи псалъэ слъыта,
Си япэ ита
Сиӏащ.
Жьакӏэхухэу щытащ,
Я нэгур дахащ.
Хабзэжьыр ящӏэжт,
Лӏыгъи яхэлът,
Куэд къаӏуэтэжт.
Нэу рирэ рира,
Нэу рирэ рира,
Хабзэжьыр ящӏэжт,
Лӏыгъи яхэлът,
Куэд къаӏуэтэжт.
Къаӏуатэр зы пэжт,
Псалъэжьу къэнэжт,
Ди тхыдэм хэхуэжт,
Диӏэжщ.
Зекӏуэфӏхэм щащӏар,
Нэгъуэщӏхэм къахьыжт,
Уэрэдкӏэ хахьэжт,
Жаӏэжт.
Хьэщӏэщ щызекӏуа,
Санэхукӏэ хъуэхъуа,
Джэгужьхэм хэта,
Хаси хэса,
Пщӏэшхуи зиӏа.
Нэу рирэ рира
Нэу рирэ рира.
Уэ къакӏуэ си деж, къэкӏуатэ,
Сыши уи деж зэ сыгъэфӏэж,
Жьыщхьэмахуэ.
Уэ къаплъи си деж, къэӏуатэ,
Лӏыжьхэм я деж зэ сынеджэж,
Жьыщхьэмахуэ.
Сэ сфӏэфӏу уи деж сыноплъэ,
Плъапӏэ сыкъэщӏ сыпхуокӏуэ уэ,
Жьыщхьэмахуэ.
Сэ пӏалъэ къысхуэщӏ, сохъуапсэ,
Уэрщ сэ зыхуэсщӏ си хъуапсэ бзэ,
Жьыщхьэмахуэ.
Уэрэду жысӏар
Цӏыхуфӏхэм зэхэфх,
Щыӏэнкӏэ хъуэпсам
Лъысащ.
Зи пӏалъэ нэсам
Фи псалъэр нэвгъэс
Тхьэмадэхэр тхьэм
Идащ.
Блэкӏахэм феплъыж,
Къэкӏуэнухэр вгъэпс,
Фи шыфӏхэм фышэс,
Дэни фынэс,
Къэфхь я фӏэхъус.
Нэу рирэ рира,
Нэу рирэ рира,
Фи шыфӏхэм фышэс,
Дэни фынэс,
Къэфхь я фӏэхъус.
Уэ къакӏуэ си деж, къэкӏуатэ,
Сыши уи деж зэ сыгъэфӏэж,
Жьыщхьэмахуэ.
Уэ къаплъи си деж, къэӏуатэ,
Лӏыжьхэм я деж зэ сынеджэж,
Жьыщхьэмахуэ.
Сэ сфӏэфӏу уи деж сыноплъэ,
Плъапӏэ сыкъэщӏ сыпхуокӏуэ уэ,
Жьыщхьэмахуэ.
Сэ пӏалъэ къысхуэщӏ, сохъуапсэ,
Уэрщ сэ зыхуэсщӏ си хъуапсэ бзэ,
Жьыщхьэмахуэ.
Ключевые слова: жьыщхьэ махуэ