Тхьэрыкъуэ пщэху

Псалъэхэр зытхар - Кӏыщокъуэ А.

Макъамэр зытхар - Къардэн Хь.

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Махуэр жэщым лъэщӏэмыхьэм,

Къиубыду нур кӏэлъедз.

Лъагъуныгъэр гум къыридзэм,

Унэр сэркӏэ мащӏэ мэхъу.

Припев:

Уа-ра! Сыхъыджэбз тхьэрыкъуэу,

Сытхьэрыкъуэ пщэхуу

Сытыр сэ къысхуэт?

Уа-ра! Шууэ укъэсами,

Лъэсу укъэкӏуами,

Къакӏуи сыкъэлъагъу.

Си ныбжьэгъухэм сахэплъагъуэм,

Щэхуу къохур си лъэужь.

Нэхъ яужьым зыкъизгъанэм,

Тӏэкӏу уи нэӏэ къыстегъэт.

Припев.

Си нэм нурыр щӏэту жаӏэр,

Къысхужаӏэр зэхыбох.

Дунейшхуэм сытемыхуэм

Сэ уи гущӏэм зизгъэхуэнт.

Припев.

Источник: @zhygue

ключевые слова: лъэщ1эмыхьэм