Нэ дахитӏ

Автор - Мурадин Думанов

Исполнители: Султан Хажироков

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

1.

Щыӏэщ гъащӏэм гур щызэш,

Жэщ кӏыфӏ щӏапӏэр псэм щеикъуэш.

Пщӏыхь щхъуэнтӏэпсти ди зы жэщ

Лъагъуныгъэр гъуабжэгъуэщт.

И пцӏы щхъуантӏэр зэфэзэщурэ

Зысфӏигъэпщкӏужащ

Припев:

Нэ дахитӏым, нэ фӏыцӏитӏым

Псори къызжаӏат

Вагъуэплъ дахэм нащхьэ схуищӏурэ

зысфӏигъэпщкӏужащ.

2.

Щыӏэщ гъащӏэм гур щызэш,

Гъащӏэ псор щиуасэ жэщ.

Гур хуэусэу ди блэкӏам,

Ди щӏалэгъуэу дахэу кӏуам.

Гъатхэ жэщхэр псысэ щхъуантӏэурэ

Зэ къагъэзэжам

3.

Щыӏэщ гъащӏэм псэр щызэш

Жэщ мэзэхэм иэр щигъэш.

Вагъуэплъ дахэр пшэгу ижам,

Уи сурэт сигу къыридзам.

Уи пцӏы щхъуантӏэ зэфэзэщхэми

Сыдахьэхыжащ.

Источник: http://lithasa.ru/