Слова - Хамиша Шекихачев
Категории: кабардинские песни
ТЕКСТ ПЕСНИ:
Мазэгъуэ жэщыр гум йодэхащӏэ,
Акъужь ӏущащэм псыр еухуэнщӏ.
Уи макъ гуакӏуащэр си гум йожалӏэ,
Седаӏуэ пэтми зыщызмыгъэнщӏ.
Седаӏуэ пэтми зыщызмыгъэнщӏ.
Псыр бгыпэ мэзым щэхуу къопсалъэ,
Хьэ банэ макъыр жыжьэу зэхох,
Вагъуэбэр пфӏощӏыр уэгум щылъалъэ,
Хъуаскӏэ зырызу щӏылъэм къехуэх.
Хъуаскӏэ зырызу щӏылъэм къехуэх.
Гъэмахуэ пшыхьым псэр ирешажьэ,
Гум и лъэ ӏэфӏыгъэр тыгъэ уегъэщӏ,
Лъэ макъ зэхэсхым гур уи деж ножэ,
Ар уэрмырамэ сщохъур гухэщӏ,
Ар уэрмырамэ сщохъур гухэщӏ.
Уи псалъэ къэскӏэ сегъэгупсысэ,
Уи макъ къэмыӏумэ сегъэгужьей.
Уи псэм пэсщӏыну щымыӏэ зы псэ,
Уэрыншэм пщӏыхьым сыщогужьей,
Уэрыншэм пщӏыхьым сыщогужьей.
Мазэгъуэ жэщыр сыту кӏэщӏыщэ,
Нэхулъэ къабзэм наӏуэ зыкъещӏ.
Гурыщӏэ псалъэр сыту кӏэщӏыщэ…
Къэкӏуэну пшыхьым нащхьэ къытхуещӏ,
Къэкӏуэну пшыхьым нащхьэ къытхуещӏ.
Источник: @zhygue
ключевые слова: йодэхащ1э