Си адэ-анэ

Слова и музыка: Майя Шидугова

Исполнители: Артур Кунижев

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Хэт мы си гур сэ зэджэр

Дэнэ лъэныкъуэкӏи сэ згъэзам.

Хэт ар зыхуэзэшыр

Сэ нэгъуэщӏ щӏыпӏэ сыкӏуам.

Хэт и псэ сыкъэзыщӏэр

Фӏыгъуэшхуэ сэ сыхуэзами

Икӏи хэт зэхэзыщӏэр

Леишхуэ сэ сыхуэзам.

ЕЖЬУ:

Адэ-анэхэращ

Къытлъамыгъэсу дэ нобэ лей

Адэ-анэхэращ

Зэтезыӏыгъэр дунейр.

Псэкӏэ кьысхуэхьэлэлу

Зэикӏи кьызэмыижу.

Зи гур сэ къысхуэпэжыр

Си адэ ар уэращ.

Зигу къызэдэхащӏэр

Зи псэри сэ схуэгумащӏэр

Икӏи сэ къысхуэпӏащӏэр

Си анэ дыщэращ.

Ин сыхьуами итӏани

Фэр щхьэкӏэ сыт щыгъуи сысабийщ.

Сыбалигъщ сэ итӏани

Итӏани сывоущий.

Фэрщ зыхуэсщӏыр сэ фӏыщӏэ

Си адэ-анэрщ зыхуэсщӏыр щӏыхь

Гъащӏэр хъунущ щӏэрыщӏэ

Фи жьауэм сэ сыщӏэтыху.

Источник: Майя Шидугова

ключевые слова: лъэныкъуэк1и