Алий и гъыбзэ

народная песня

Исполнители: Черим Нахушев

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Ныжэбэ жэщымэ, (уой) Алий, хьэхэр мэбанэмэ,

Сэ къадзыгъуэ банэри, си гум къыхоуэри,

Си Алийри узимыӏэжи!

Уафэм щызекӏуэурэ дамэр зытетмэ, (уей) Алий, дэнлъэч хызощӏэмэ,

Щымыӏэр къигъэщӏуэрэ щыӏэр зыгъалӏэмэ,

Алийри усфӏигъэлӏати,

(Ай) уи пэтырбакъымэ, (уой) Алий, «дыжьынщ» хужаӏэмэ,

«Алий!» жаӏэрэ, къаджэмэ, си Алий цӏыкӏури,

Дэнэ мыгъуэм укъисхыжыну?

(Уой) нарцанэ бжьэпэмэ, (уой) Алий, шыхэр щагъэхъумэ,

Сэ сыкъызэрыхъурэ зыпхуэсхъумати,

Си Алийри узимыӏэжи!

(Уой) нарцанэ больницэмэ, (уой) Алий, удз хущхъуэ щатмэ,

Сэ удз хущхъуэ сыхъурэ, уи гум сытехуэтэм,

Си Алийри узгъуэтыжынти!

(Ей) уи дыжьын къамэри, (уой) Алий, дыгъэм полыдмэ,

Алийм уи хьэдэри къущхьэхъу удзыпцӏэмэ,

(Уей) Алий, къыхолыдыкӏри.