Хъыджэбз гушыӏэ уэрэд

Слова - Алим Кешоков

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

1. Жьыбгъэр мащӏэу удзым йоӏущащэ,

Къохъу пщыхьэщхьэр, жьыбгъэр щӏыӏэ мэхъу,

Иӏэт, ди хъыджэбзхэ, дэри дывгъэпӏащӏэт,

Ди ӏэнатӏэм нобэ щӏыдогъэгъу!

2. Дощӏэ, дощӏэ, уэ пщыхьэщхьэ хъумэ,

Жыг щӏагъ щхъуантӏэм укӏуэрейуэ къэбублащ,

Сыт а жыгыр пщащэм уэри зыхуэпхъумэр?

Хэт нэкӏущхьэр плъыжьурэ зыхуэблар?

3. Си ныбжьэгъухэ, жагъуэу фогушыӏэ,

Сэ пщыхьэщхьэм хадэм сыт щысщӏар?

Фӏыуэрэ слъагъур икъукӏэ жыжьэ дыдэ щыӏэщ,

Ди бригадэм хэтмэ, фэри фщӏэнт!

4. Дощӏэ, дощӏэ, махуэм ар мэлажьэ,

Жэщ зэрыхъуу хадэм ар къимыкӏ,

Ар пщыхьэщхьэм щэхуу къодэхащӏэм,

Ӏуэху щыблэжькӏэ дыпщӏыхьэн тлъэмыкӏ.

«Хъыджэбз гушыӏэ уэрэдыр» уэрэдыр ятхыжауэ щытащ Бищӏо Дыжьын къыхидзэу, Нат Музэ, Бищӏо Мицкӏэ, Тэхъу Розэ, Бэрау Хьэтэхъан, Хьэщӏэлӏ Нэлжан, Мэремкъул Лаушэ сымэ ежьухэу. Апщыгъуэм абыхэм илъэс 17-18 я ныбжьхэт, езыхэри Старэ Урыху къуажэм щыпсэухэрт.

Источник: https://zdamsam.ru/b45257.html

ключевые слова: гушы1э