Шэджэрокъуэ и уэрэд (вариант 2)

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Шэджэрокъуэти (уойэ) Шэджэрокъуэтхъуэт, лоутхъуэжь гущэр лъэгуажьэфӏыцӏэт

Фоч фӏыцӏэжьыри (уойэ) къэниталот, зи лоужь гущэр мэзкӏапэрыплъэт

Зи гъусэбэмэ (уойэ) пэмыплъэжар Вытхьэкӏумэ икъуэт Къэниболэт

Чэрнэморэу (уойэ) мы ди щхъуэжь къомыр зимыуасэкӏэрэ здыдогъэкӏуэдыр

Щӏэдгъэкӏуэдыри (уойэ) диадэкъуэшти Вытхьэкӏумэ икъуэт Къэниболэт

Дэ Лабэжьымэ (уойэ) дыщыдэсам матушкӏэжь гущэхэр ди саугъэтти

Мы Алмыжьымэ (уойэ) щидгъэзэкӏыжым къэзакъ (джэур) сотнэ гущэр зытыдогъакӏуэр

Дэ пхъэрышхуэри (уойэ) къыщыткӏэлъыкӏуэм жыр мастэ гущэм зыхузогъадэ

Сэ схуэмыдэурэ (уойэ) зэзмыпэсам синэщӏыбагъкӏэрэтӏэ зыкъысщегъэпщкӏур

Сэ схуэмыдэурэ (уойэ) зэзмыпэсам мы си пащхьэм гущэм зыкъыщегъалӏэ

Дарийуэрэ (уойэ) си джэнхъурейр шырыкъу лъапэкӏэрэ схузэхачатхъэ

Сэ уэркъ щауэхэм (уойэ) захуэскдэтхъэнут мы си пащхьэ гущэм измыгъуэтэж жи

Слушать бесплатно в исполнении Алихана Мулаева

ключевые слова: лъэгуажьэф1ыц1эт