Анэ

Слова и музыка - Султан Хажироков

Исполнители: Султан-Ураган

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Ди анэ, сыкъэкӏуэну уи гу лъыхъу схуэпщӏа,

Уемызэгъыу жейм сэ укъыспоплъэ.

Сыщӏыхьэжым унэм укъэгуфӏэжауэ

Убзэрабзэу нэкӏэ ӏэ къыздолъэ.

Анэ-анэ, анэ дахэ, анэ дыщэ,

Сыпхуолъэӏур тхьэм уи гъащӏэм къыпхупищэ.

Анэ гуапэ, анэ щабэ, унэу си псэ,

Гъащӏэм и ӏэфӏагъыр уэ зыращ.

Макъкӏэ сынодэхащӏэ ― мамэ…

Сынэщхъеймэ уи гум пшагъуэ къытрихьар

Къысщыбгъэпщкӏуу, сощӏэ, уи псэр мэгужьей.

Анэ-анэ, анэ дахэ, анэ дыщэ,

Сыпхуолъэӏур тхьэм уи гъащӏэм къыпхупищэ.

Анэ гуапэ, анэ щабэ, унэу си псэ,

Гъащӏэм и ӏэфӏагъыр уэ зыращ.

Макъкӏэ сынодэхащӏэ, мамэ…

Си щӏэлагъкӏэ, ди анэ, зэ уи жагъуэ сщӏам,

Сэ уи пащхьэм си щхьэр щызогъэщхъ…