Гъатхэ жэщ

Слова - Мадина Кертиева

Музыка - Аслан Лиев

Исполнители: Оксана Хакулова

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Лъагъуныгъэу гъатхэ жэщ, псыр щӏэбзэрабзэр,

Узиӏэхукӏэ мэхъур си фӏэщ сэ гухэлъ къабзэр.

Гъатхэ дыгъэрщ мы дунейр зытезыӏыгъэр,

Егъэнэхур си пщэдейр уи лъагъуныгъэм.

Лъагъуныгъэу гъатхэ бзури псэм щытӏысащ, псэм щытӏысащ,

Гухэлъ дахэм и чэзури къытлъигъэсащ.

Лъагъуныгъэм и уэрэдыр сигум къинащ, уигум къинащ,

И макъамэр пщӏыхь мыкӏуэду къытхуигъэнащ.

Дыгъэ бзийхэр пшэм къыпхощ, къызодэхащӏэ,

Сэри дыгъэм зыдызощӏ, сыдощӏэращӏэ.

Вагъуэ ижхэр уэгу зэшам къыщыщӏонэжыр,

Насып лъагъуэ уэ схухэпшам сытырашэжыр.

Лъагъуныгъэу гъатхэ бзури псэм щытӏысащ, псэм щытӏысащ,

Гухэлъ дахэм и чэзури къытлъигъэсащ.

Лъагъуныгъэм и уэрэдыр сигум къинащ, уигум къинащ,

И макъамэр пщӏыхь мыкӏуэду къытхуигъэнащ.

Мафӏэ лыгъэр мыужьых, къызэщӏонэжыр,

Тыгъэ лъапӏэу уэ къысхуэпщӏам псэ къысхелъхьэжыр.