Гум и уэрэд

ТЕКСТ ПЕСНИ:

И гур къабзэу, и бзэр ӏэфӏу,

Фӏыгъуэр дыгъэу и ӏэпэгъуу,

Лӏыгъэр и бэу, дунейр уэфӏу,

Цӏыхум цӏыхум и гур щӏэгъуу.

Уойра-уорира, уойра-уорира,

Къырахь гъащӏэр зэныбжьэгъуу.

Гум къыришу и уэрэдыр,

Бгъэм къыщеуэу сыхьэт бзэпсу,

Фӏым ятхьэкъуу и мурадыр,

И бзэр къабзэу, зэнзэныпсу.

Уойра-уорира, уойра-уорира,

Фыпсэут цӏыхухэр зэнэзэпсэу.

Псалъэ гуауэ гум имылъу,

Гур зыщыплъэм лъэр лъэщӏысу,

Зы нэщхъ ӏейкӏэ дызэмыплъу,

Цӏыхур цӏыхум и гунэсу.

Уойра-уорира, уойра-уорира,

Къэдвгъэгъащӏэт гъащӏэр бзэпсу.

Зы гуфӏэгъуэр псэум яӏэту,

Лъакъуэр лъакъуэм пэщӏимыдзу,

Цӏыхум цӏыхум ӏэр ириту,

Гур мыбыдэу мывэ кӏанэу.

Уойра-уорира, уойра-уорира,

Едвгъэхьэкӏыт дунейр гъатхэу.

Гум уз зэикӏ иремыщӏэ,

Цӏыху щымыӏэ гъащӏитӏ иӏэу,

Имыщӏэнри иремыщӏэ,

"Схузэфӏокӏыр нобэ" жиӏэу.

Уойра-уорира, уойра-уорира,

Псэр фӏэмыфӏу цӏыху щымыӏэ.

Гуитӏ щимылъкӏэ цӏыхум и бгъэм,

А зыр, маржэ, фхъумэ, фхъумэ,

Нитӏыр жану плъэмэ жьыбгъэм,

Цӏыхум и псэр ем щехъумэ.

Уойра-уорира, уойра-уорира,

Маржэ, фи гур сакъыу фхъумэ.

Зэрытхьэщӏым ӏэр зэрощӏэ,

Гурэ гурэ лъагъуэ яӏэщ,

Цӏыхум цӏыхум фӏы хурещӏэ,

Дэрэжэгъуу ар дэ диӏэщ.

Уойра-уорира, уойра-уорира,

Зи гур къабзэм насып иӏэщ.