Къэрэкъэщкъэтау зауэм и уэрэд

народная песня

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Уар уаредэ, Къэрэкъэщкъэ(уэ)таумэ,

Уо, уо, уэ уоройдэ.

Уор, лъыпсие жагъуэр даушэ!

Уо, ра-уой, даушэ!

Ди нартыжьуэ уэ шухэр

Зыгъэзэжыгъуэ имыхуэ!

Хахуэкӏэрэ ди Къыдырщокъуэ

Джатэр и башурэ дагъащӏэ!

Гъущӏ гущэурэ и ӏэщэ-фащэм

Кърым Щокъалыр щӏохъуэпсыр!

Кърымыжьмэ я дзэпщым

Щхьэкӏуэ жагъуэр хуокӏуэжыр!

"Дзэшхуэр къэкӏуащ" - жери,

Ди Чэлимэтри гулэзщ!

Ди дзакӏуэ-дзашэти

Елджэрокъуэпщри щхьэ хъыжьэт!

Дамыгъуэт и къуэжьым

Мы наужьыдзэр тхуеукӏыр!

Мы хьэжь укӏыдзэри

Ди Лэзэрокъуэм къытхуешэ!

Ныбгъуэхьэшым дизэгъэзашэр

Къэрэкъундетти пхъэшакъуэт!

Ендэр и къуитӏри

Я гъущӏ я фащэкӏэ ныдокӏыр!

Бийм къахэкӏа шумэ

Я шэрэ я бзэкӏэ поувыр!

Нэбэжэкӏэ шэри

Ижьырабгъублэм пхебгъэдзщ!

Я дыщэ дэщӏри

Ендэр и къуитӏми фӏадзэжщ!

Яш гущэхэр бланэмэ ныдохъур,

Езы гущэхэр лӏыхъущхьэм ироджэгур!

Тэтэрыщхьэхэр зи дэджэгуэгъур

Абейм и къуэкӏэ ди Борэ!

Шытхъуэ пхэщӏыбгъуэри бгъэхъущӏэщ,

Джатэбгъуэ кӏэщӏыр бгъэбзытэщ!

Азэпщхэ я дыщэ бжаблэри къатищӏэщ,

Атэбейм и къуэкӏэ Бидащкъэ!

Игъазэри зы шэ яхидзэщ,

Сэнжакъым щӏэтри щӏигъащӏэщ.

Жэщыр хъумэ, цеиплъурэ зиубгъущ,

Нэхущым дзэшхуэр иугъуейщ.

И бзэ гущэр лӏитӏым къахуишкъым,

И шэр лӏищым зэпхидзщ.

Андзор и къуэкӏэ ди Уэрдэщауэ

Уадэуэ макъыр и шэдзщ.

Дзэ гущэурэ узыхэтри бгъэгушхуэт,

Махуэшхуэ пкъоуэ упэщӏэтт.

И пщӏэгъуалэшхуэри кӏэупст,

И бжыкӏыр псэууэрэ нехьыжыр.

И бзэгуалэжьри и башти

Елъэрышэ лъагъуэмкӏэ докӏыжыр.

Источник: книга З. Кардангушева "Адыгэ уэрэдыжьхэр"