Джэгур йокӏуэкӏ

Автор - Борис Кабардоков

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Гъащӏэр, си гъащӏэр уэрэду сошэщӏ,

Уэри, пшынауэ, гъатхэбзэ зыкъэщӏ.

Къафэр, си къафэр уи пшынэм къигъэкӏ,

Си нэм, мы си псэм и джэгур йокӏуэкӏ.

Привет:

Ой-ра, дахэм сыблокӏ,

Ой-ра, джэгур йокӏуэкӏ.

Фӏыуэ плъэгъуар зэи уи нэгу щӏэмыкӏыж,

Гурыщӏэр гуащӏэм, ар псэм хэмыкӏыж.

Еуэ, уэ, еуэ накъырэм уешыху,

Мазэм сыӏуплъэмэ, хъуащ ар напэху.

Си гур, мы си гур дэп хъуаскӏэу мэпӏэнкӏ,

Си нэм, мы си псэм и джэгур йокӏуэкӏ.

Ӏэгум и макъым пыреджэ дунейр,

Нэкӏэ си нэхум дызощӏ ислъэмей.

Бгъэхуу сыхуарзэу къэзгъафэм сыблокӏ,

Си нэм, мы си псэм и джэгур йокӏуэкӏ.

Неуэ, си хуарэ, си щэхум и тет,

Дахэр дыдейкъым, уафэгум зынет.

Си гур, мы си гур сэ тхытхэу сӏэщӏокӏ,

Си нэм, мы си псэм и джэгур йокӏуэкӏ.

Источник: @zhygue

ключевые слова: йок1уэк1