Хьэтх гъуазэм икъуэ Мыхьэмэт и уэрэд

народная

ТЕКСТ:

1. Едгъажьэмэ, бэрэ Ӏумахуэт,

Къигъэзэжмэ, ди махуэгъитӀт!

Ар езыри хэтхэ ящыщ жыфӀэмэ -

Хьэтх гъуазэм и къуэкӀэ ди Мыхьэмэтт!

Сэ зы махуэкӀэрэ уэ укъэзгъуэтыжтэмэ,

Сабий джанэншэхэм захуэпэжынт!

2. Брулыжьыр бэрыжьеяфэт,

Ар зи афэри бдзапцӀэшэ Ӏунэ?

Ар езыри хэтхэ ящыщ жыпӀэмэ, -

Хьэтх гъуазэм и къуэкӀэ ди Мыхьэмэтт!

Ар зы махуэкӀэрэ сэ укъэзгъуэтыжтэмэ,

Ди мэжэщӀалӀэхэм загъэнщӀыжынт!

3. Зи анэжьыр щхьэлъащӀэ уэс,

Зи щуӀэгъри бгъафэ чэсей,

Ар езыри хэтхэ ящыщ жыпӀэмэ, -

Хьэтх гъуазэм и къуэкӀэ ди Мыхьэмэтт!

Сэ зы махуэкӀэ уэ укъэзгъуэтыжтэмэ,

Добракъыбгъэурэ бжьэубгъэ быдзым ущызгъэжеинт!

4. Зи шыпхъу цӀыкӀур зыхуэбзэгуфӀэ,

ЩуӀэгъэфӀри зыфӀагъэкӀуэд!

Ар езыри хэтхэ ящыщ жыпӀэмэ, -

Хьэтх гъуазэм и къуэкӀэ ди Мыхьэмэтт!

Сэ зы махуэкӀэрэ уэ укъэзгъуэтыжтэмэ,

Данэху-данапӀэм ущызгъэжеинт!

5. Дзажэжьхэр зыхуагъэхъыжьэ,

Фо махъсымэри зыхуагъэжабзэ!

Ар езыри хэтхэ ящыщ жыпӀэмэ, -

Хьэтх гъуазэм и къуэкӀэ ди Мыхьэмэтт!

Сэ зы махуэкӀэрэ уэ укъызитыжтэмэ,

Бжьыхьэ жэщ кӀыхьыр жеипэ закъуэкӀэ уэзгъэгъэкӀуэнт!

6. Индылыжьым и нэр къыщопкӀ,

ЗэпрокӀри шыбэр къреху!

Ар езыри хэтхэ ящыщ жыпӀэмэ, -

Хьэтх гъуазэм и къуэкӀэ ди Мыхьэмэтт!

Езы Алыхьым сэ укъызитыжтэмэ,

Мы дуней зылӀти узизгъэӀэнт.

7. Зи пщӀэгъуалэр нэзкӀапэщӀэплъ,

Зи щуӀэгъэм хуемыплъэкӀыж!

Ар езыри хэтхэ ящыщ жыпӀэмэ, -

Хьэтх гъуазэм и къуэкӀэ ди Мыхьэмэтт!

Алыхь, алыхь, сэ укъызитыжтэмэ,

Сабий джанэншэхэм захуэпэжынт!

8. Зи пщӀэгъуалэр къуршыщхьэм щыджэгу,

Хур хъыджэбзхэр зи дэджэгуэгъу!

Ар езыр хэтхэ ящыщ жыпӀэмэ, -

Хьэтх гъуазэм и къуэкӀэ ди Мыхьэмэтт!

Сэ зы махуэкӀэ уэ укъызитыжтэмэ,

Мы дуней зылӀти узизгъэӀэнт!

9. БланэшкӀэхэр зи хьэщӀэныш,

Бланэшэхэр зи Ӏэпэшыпс!

Ар езыри хэтхэ ящыщ жыпӀэмэ, -

Хьэтх гъуазэм и къуэкӀэ ди Мыхьэмэтт!

Езы Алыхьмэ сэ укъызитыжтэмэ,

Мы дуней зылӀти узизгъэӀэнт!

10. Зи пщӀэгъуалэр данэ сокупцӀэ,

Зи афэр бдзапцӀэшэ Ӏунэ!

Ар езыри хэтхэ ящыщ жыпӀэмэ, -

И къуэ закъуэурэ ди Мыхьэмэтт!

Сэ зы махуэкӀэрэ укъызитыжтэмэ,

Данэху-данапӀэурэ си пӀэ щӀыжыгъэ ущызгъэжеинт!

11. Зи пщӀэгъуалэр къуршыщхьэм щызекӀуэ,

Зи зекӀуапӀэри зи гупсысапӀэ!

Ар езыри хэтхэ ящыщ жыпӀэмэ, -

И къуэ закъуэкӀэ ди Мыхьэмэтт!

Езы Алыхьым сэ укъызитыжтэмэ,

Бжьыхьэ жэщ кӀыхьыр жеипэ закъуэкӀэ уэзгъэкӀунт!

12. Сэ уи унэм сыщӀумыгъэсыми,

Сэ уи хьэщымэ зыщызгъэлӀэнут!

Ар езыр хэтхэ ящыщ жыпӀэмэ, -

Хьэтх гъуазэм и къуэкӀэ ди Мыхьмэтт!

Алыхь, алыхь, сэ укъызитыжтэмэ,

Данэху-данапӀэу си пӀэ щӀыжыгъэм ущызгъэжеинт!

13. Махуэр хъумэ, гъыбзэр соус,

Жэщыр хъуамэ, согузэсэж,

Ар зи закъуэмэ сытхэр и махуэ,

Хьэтх гъуазэм и къуэкӀэ ди Мыхьэмэт!

Сэ зы махуэкӀэрэ уэ укъызитыжтэмэ,

Данэху-данапӀэу си пӀэ щӀыжыгъэм ущызгъэжеинт!

ИСТОРИЯ ПЕСНИ:

Хьэтх КъуэкӀас щыпсэуар куэдкӀэ нэхъапэщ, Хьэтх Мыхьэмэт щыпсэуар нэхъ иужьщ.

Адыгэхэм ди тхакӀуэшхуэ КӀэрашэ Тембот итха «Шапсыгъхэм япхъу» тхылъ цӀыкӀум Мыхьэмэт и образыр дэгъуэу, дахэу щитхыжащ. Абы зэритхымкӀэ, Мыхьэмэт адыгэлӀ нэсщ, хьэл-щэн зэпӀэзэрыт зиӀэ лӀыхъужь гущӀэгъулыщ. КӀэрашэм зэритхымкӀэ, 1812 гъэм Францым я пащтыхьу щыта Бонапарт Наполеон Урысейм къыщытеуам щыгъуэ екӀуэкӀа зауэм Мыхьэмэт хэтащ. ПэжынкӀи хъунщ, сыту жыпӀэмэ, а зауэм урысыдзэм хэту адыгэ шу гуп Наполеон и дзэм езэуащ, Мыхьэмэт абы яхэтагъэнщ.

Аращи, мы зи гугъу тщӀыну Ӏуэхугъуэр къыщыхъуар а зауэм къелу Мыхьэмэт и адэ хэкужьым къигъэзэжа нэужьщ.

Уэрэдыр щхьэгъусэм иусын хуей щӀэхъуам тражыӀыхь хъыбарыр мыращ:

Зи гугъу тщӀа зауэшхуэм хэтауэ къигъэзэжа нэужь, езым игу ирихь, фӀыуэ илъэгъуа хъыджэбз къишащ, лъыхъури фызышэшхуэу. Апхуэдэу дэ щӀыжытӀэр, пасэм щыгъуэ къыхуашэ мыхъумэ езы щауэм кърагъашэртэкъым.

Нысэр къыхэзыхыр щауэм и адэ къуэш, е и Ӏыхьлы нэхъыжьт. Ӏуэхур хъыджэбзым деж щынэсам дежи, зэрыщытари апхуэдэут. ДэкӀуэ щыӀэтэкъым, щыӀэр - ират, иращэ, яхь - арат. Ауэ Мыхьэмэт и адэр псэужтэкъыми хъыджэбзыр къыхухэзыхар и анэрт. Унагъуэм лӀыр щащыщхьэмытыжым деж, лӀым и пӀэ иувэр унагъуэм и унагуащэрти, Мыхьэмэт и анэм и унафэм сыткӀи едэӀуэн хуей хъуащ. Гуащэжьым и къуэм къыхухиха цӀыхубзыр икӀи дахэу, икӀи зэкӀэлъыкӀуэу щытти, Мыхьэмэтым лъагъуныгъэкӀэ къишащ. Езы Мыхьэмэти лӀы бжьыфӀэу, цӀыху зэтесу, цӀэрыӀуэу щытти, цӀыхубзыр къыдэкӀуащ.

ЗэщхьэгъуситӀыр зэнэзэпсэу зэдэпсэуурэ бын зытӀущи зэдагъуэтащ. Зэрахабзэти, унагъуэр зэдаӀуэр, зи унафэм щӀэтыр Мыхьэмэт и анэ гуащэжьырт. Къуэр сыт хуэдизкӀэ цӀэрыӀуэу, хыхьэхэкӀ, иӀэу, лӀыфӀу щыт пэтми, анэм и унафэм щӀэтыныр а зэманым хабзэт, ар емыкӀутэкъым. Мыхьэмэт зы шыпхъу цӀыкӀу закъуэ фӀэкӀа къуэши иӀэтэкъым.

А зэманым зэрыхабзэти, Мыхьэмэт езыр зэхэзекӀуэт, а зауэшхуэм къыдыхэта и ныбжьэгъухэм якӀэлъыкӀуэт, илъагъурт, абыхэм я деж щыхьэщӀэрт. Ахэр мыхъуххэми, ныбжьэгъу и куэдт, абыхэм якӀэлъыкӀуэн хуей хъурт. Пасэм щыгъуэ лӀыр унэм ис зэпыту щытыныр емыкӀут. ЛӀыр зэхэзекӀуэмэ, хыхьэхэкӀ иӀэмэ, абы щыгъуэт ар къыщацӀыхури, и цӀэ фӀыкӀэ щыжаӀэри. А хыхьэхэкӀ зиӀэ лӀыхэрат къуажэхэр зыхъумэу, дэхуэхахэм дэӀэпыкъуу, захуащӀэу къэзыкӀухьхэр. Абыхэм гуп кърашэкӀырт, я къуажэхэр, я лъэпкъхэр дыгъуакӀуэхэм ирамыгъэшх, ирамыгъэхьу щахъумэу. Мис апхуэдэ зауэлӀ-зекуӀэлӀт Хьэтх Мыхьэмэт.

Хъыбарым зэрыжиӀэмкӀэ, Мыхьэмэтыр ежьауэ къэту, махуэ гуэрым, и шыпхъумрэ и щхьэгъусэмрэ псыхьэ кӀуащ, гуэгуэнкӀэ псы къахьыну. Псым щыӀухьэ дыдэм, адрей лъэныкъуэмкӀэ зы шу псым къыхуэкӀуэу къалъэгъуащ. А шур Мыхьэмэтыр арт.

- Мо шу цӀыкӀур а къызэрыкӀуэм хуэдэу къакӀуэрэ къэсрэ, мы псы къиуам, икӀыпӀэ мылъыхъуэу къапкӀэрэ къызэпрыкӀмэ, сыту нэхъ къэпщтэнт? - жиӀэри пщыпхъур и нысэм еупщӀащ, и дэлъху Мыхьэмэтыр а шу цӀыкӀу къакӀуэр зэрыарар къимыцӀыхужу. Нысэр плъэри и щхьэгъусэ Мыхьэмэтыр къицӀыхужащ.

 - Ар икӀыпӀи къимылъыхъуэу, а къызэрыкӀуэм хуэдэу къакӀуэурэ къыхэпкӀэнурэ къызэпрыкӀынущ. Сэ сощӀэ абы и лӀыгъэр здынэсыр. Щхьэгъусэу нэхъ къэсщтэнт! - жиӀащ нысэм.

Абы игугъащ и шыпхъум и дэлъхур къицӀыхужауэ, щӀеупщӀыр арауэ. 

Абы хэту Мыхьэмэтыр а къызэрыкӀуэм хуэдэу къакӀуэурэ, нэри-пэри зыхьу псы къиуам къыхэпкӀэри, къызэпрыкӀащ. Я дежкӀэ къыдэмыхьэжу нэгъуэщӀ щӀыпӀэкӀэ иунэтӀащ. ЦӀыхубзитӀыми къахуеплъэкӀакъым, и Ӏуэху здэщыӀэм кӀуащ.

МыдэкӀэ цӀыхубзитӀым я гуэгуэнхэр я дамэм трагъэувэри, я гупсысэ щхьэхуэ зырызым иринэщхъейуэ, къежьэжащ.

ЛӀы мыцӀыхум щхьэкӀэ «щхьэгъусэу нэхъ къэсщтэнт, сэ сощӀэ абы и лӀыгъэр» нысэм зэрыжиӀар пщыпхъум щхьэжэ щыхъуауэ, зэгуэпарэ мыпсэлъэжу, нысэм и щхьэгъусэр я дежкӀэ къэмыкӀуэжу, нэгъуэщӀ щӀыпӀэкӀэ дидзыхыу зэрыкӀуам иринэщхъейуэ псыр къахьри къэкӀуэжащ.

Хъыджэбзыр и анэм деж щӀэлъадэри бзэгу хуихьыжащ:

 - Шу мыцӀыху гъуэгурыкӀуэм щхьэкӀэ «сэ сощӀэ абы и лӀыгъэр, щхьэгъусэу нэхъ къэсщтэнт» жиӀащ ди нысэм, - жиӀэри. «Зи шыпхъу цӀыкӀур зыхуэбзэгуфӀэ, шуӀэгъэфӀыр зыфӀагъэкӀуэд» уэрэдым щӀыжиӀэр аращ.

Гуащэжьыр губжьыным абы фӀэкӀа хуейтэкъым. «Сыту Ӏейуэ сыщыуат си нысэмкӀэ!» - жиӀэри щыгъуэ щыгъын фӀыцӀэкӀэ зихуапэри тӀысыжащ.

Мыхьэмэти зэ къекӀуэлӀэжынтэкъэ, къекӀуэлӀэжащ.

Мыхьэмэт и хабзэт, къыдыхьэжа нэужь, псом япэ и анэм деж щӀыхьэрэ и узыншагъэр зэрыщытыр зригъащӀэу, здэщыӀахэм, илъэгъуахэм я хъыбарыр жриӀэрэ, итӀанэ и анэм хуит къищӀа нэужь, къыщӀэкӀыжрэ и лэгъунэм щӀыхьэжу.

Арати, Мыхьэмэтыр къызэрепсыхыжу, и шыр шыфӀэдзапӀэм фӀидзэри, и анэм деж щӀыхьащ.

Гуащэжьыр, хьэдэ изыхауэ, нэщхъейуэ щыст.

 - Къэхъуар сыт, ди анэ, сыт ущӀэнэщхъейр, ущӀэщыгъуэр? - жиӀэри къуэр анэм еупщӀащ.

 - Сыту Ӏейуэ сыщыуат си нысэмкӀэ. Сэ сызэригугъауэ си нысэр къыщӀэкӀакъым. Уэ пхуэфащэкъым апхуэдэ фыз уиӀэну. ИкӀэщӀыпӀэкӀэ си нысэр и дыщым егъэшэж, ди напэр тримых щӀыкӀэ! - жиӀащ и анэм.

Анэм псомкӀи къуэр едэӀуэн хуейуэ хабзэр арати, и анэм зы псалъэ пимыдзыжу, икӀи нысэр зэрыкъуаншэмкӀэ емыупщӀу, къыщӀэкӀыжри и щхьэгъусэр и дыщым иригъэшэжащ.

Арати, абы иужькӀэ куэд дэкӀа, мащӀэ дэкӀа, зэгуэрым зы гуп, Хьэтх Мыхьэмэтыр яхэту, и фыз иригъэкӀыжар зыдэс къуажэм и къуажэбгъум деж, жэщу щызэхэпсыхауэ щысти, гъуэмылэхьэ щӀалитӀ дагъэхьащ. ЩӀалэхэм гъуэмылэ къыхахыурэ унэ-унэхэр къыщакӀухьым, зы унэ гуэрым уэрэд-гъыбзэ макъ къыщӀэкӀукӀыу зэхахащ. Бгъэдыхьапэрэ едаӀуэмэ, Мыхьэмэтым иригъэкӀыжа фызым уэрэд иусу щӀэст а унэм.

ЩӀалэхэр псынщӀэ дыдэу къыӀукӀыжри жэкӀэ Мыхьэмэтым деж къэкӀуэжри, здашэр жрамыӀэу, яшэри ирагъэдэӀуащ. ЗэрыжаӀэмкӀэ, абы иужькӀэ Мыхьэмэтым и фызыр къишэжри лӀэжыху зэдэпсэуащ. Уэрэдым къаруушхуэ зэриӀэр а Ӏуэхугъуэм къегъэлъагъуэ.

ЖыӀэн хуейщ, адыгэ уэрэдхэм ящыщу, мыр нэхъ дахэ, нэхъ купщӀафӀэ дыдэу и псалъэкӀи и макъамэкӀи гъэпсауэ зэрыщытыр. Адыгэ уэрэд зэхэлъхьэкӀэм, гъэпсыкӀэм Ӏэзагъыу хэлъын хуейм и нэхъ лъагапӀэ дыдэр мы уэрэдым къыщыгъэсэбэпащ. Адыгэ цӀыхубз нэмысыфӀэм, щэныфӀэм и лъагъуныгъэм и инагъыр, адыгэ нысэм и Ӏущагъымрэ и гумащӀагъымрэ мы уэрэдым къыщиӀуэтащ.

Мы уэрэдыр адыгэ лъэпкъ псом яхэлъщ. И макъамэми, и псалъэхэми зэхъуэкӀыныгъэ щӀагъуэ имыӀэу адыгэ щӀыналъэ псом щагъэзащӀэ.

 

«Уэрэдымрэ и тхыдэмрэ» радионэтын 26.11.1990 гъэ.

 

Источник: Одноклассники.ru - Группа "Хэкурэ - Хабзэрэ"

Слушать бесплатно в исполнении Черима Нахушева

 

Ключевые слова: Хьэтх мазэм и къуэ Мыхьэмэт и уэрэд