Лъагъуныгъэм жаӏэр къигъэзэжу

Автор - Хасанби Шомахов

Исполнители: Черим Нахушев

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Къурш щхьэ тхъуахэм махуэр щхьэдохыжри,

Жэщ гупсысэр щэхуу къысхуокӏуэж,

Гъэ блэкӏахэм ящӏыгъуа гухэлъхэм

Лъагъуныгъэу си деж къагъэзэж.

Припев:

Лъагъуныгъэм, жаӏэр, къегъэзэжри,

Гумрэ гумрэ гъэгу зэхуалъыхъуэж.

Лъагъуныгъэм къигъэзэжыр пэжмэ,

Мы си гъащӏэм зэ къысхуеплъэкӏыж.

Уигу симылъми, си гугъу умыщӏыжми,

Уэрэд гуапэу гущӏэм укъолъэт,

Сыт къыщӏэхъур, губжэр зэхуэпщӏыжми,

Ар зэӏужу насып бзур щилъэт.

Припев.

Зи щӏэщыгъуэр имыкӏыж макъамэу,

Лъагъуныгъэр гъащӏэ джэрпэджэжщ.

Ауэ ар зэ пӏэщӏэкӏамэ, гукъанэр

Гухэщӏ макъкӏэгъащӏэм къыподжэж.

Припев.

Источник: @zhygue