Пхъэм и тхьэусыхэ

народная песня

Категории: кабардинские песни 

Другие версии: Пхъэм и усэ 

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Пцӏы сыупсмэ, сыпхъэдзасэ гущэт,

Мы зэхэсхэр иджы, ей дуней жи, фыкъедаӏуэт, уой.


Уедэӏуэнкӏэрэ, сыпшыналъэ гущэт,

Пхъэм и налъэр иджы, ей дуней жи, бэ и уасэт.


Пхъэгъэсынурэ сыкъывошэр иджы,

Сыкъызэрыфшэ гущэр, ей дуней жи, вы уэдитӏкъэ, уой.


Фи жьэгушхуэмэ сыдобзахэр иджы,

Сыкъыпэрыфхмэ, ей дуней жи, сыфӏамыщӏкъэ, уой.


Гъущӏыр щащӏкӏэрэ, сэ согъажьэр иджы,

Сыкхъужьей гущэу, ей дуней жи, сыкъогъагъэри, уой.


Гъэр фейцеймэ, сэ фызопӏри,

Сабийр щапӏкӏэрэ, ей дуней жи, сывигущэт, уой.


Гуащэр тӏысмэ, сышэнтжьей гущэу,

Кхъуафэжьейуэрэ, ей дуней жи, хым сызокӏуэри, уой.


Накӏуэ-къакӏуэхэр сэ къызодзри,

Шабзэр щадзкӏэрэ, ей дуней жи, сышабзэкъукъэ, уой.


Сыбгыкъужьурэ унэм силъ гущэт,

Фӏы сбгъэдэлъмэ, ей дуней жи, къысхужыфӏэт, уой.


Пхъэм уеуӏумэ, сыт си лажьэ мыгъуэ?

Лажьэ сиӏэу щытмэ, ей дуней жи, сыкъэвгъауэт, уой.


Тхьэр зэуэнхэ, сывмыгъэгъу мыгъуэ,

Фи гъунэгъухэр иджы, ей дуней жи, къыздывошэри, уой.


Гъэхэм зефшэурэ сывиӏэжьэ гущэт,

Тӏэкӏу зыфӏэжьэтэм, ей дуней жи, сыбэгъуэнти, уой. 

Ключевые слова: фыкъеда1уэт