ТЕКСТ:
Припев:
Сипсэм упищӏу, дахэкӏей,
Гур ныпхуозэшыр, мэпӏейтей.
Къыфӏощӏыр псоми уралей,
Си дахэкӏей.
Вагъуэбэ жэщу насып пшыхь,
Мазэщӏэр вагъуэхэм хоплъыхь,
Уафэгум мазэм зыщеплъыхь
Щӏыгум сыпхэплъэу къызокӏухь.
Припев.
Услъагъум си гум къелъэтыхь,
Мы лъагъуныгъэр дауэ лъэрыхь,
Шузакъуэ лъагъуэм, си гурыхь,
Уи деж сынешэ насыпыхь.
Припев.
Сэ нэкуи напӏи симыӏэж,
Гум жэщи махуи имыщӏэж,
Уэ папщӏэ сигур псынэ щӏэжщ,
Къару къызитыр сфӏощӏ гъунэж.
Припев.
Источник: www.oredade.ru