Мадинэ

Музыка - Ауес Зеушев

Слова - Нина Богатырева

Исполнители: Ауес Зеушев

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Гум и уэрэд дахэу щӏылъэр щыщӏэращӏэм,

Къысхузэдихьауэ псэр зыгъэӏурыщӏэ,

Япэ лъагъуныгъэу псэр зыгъэӏурыщӏэ,

Гъатхэ дыгъэу укъыщопсыр уэ си гъащӏэм.

Пщащэ дахэу, дахащэу мы си гум хыхьа Мадинэ,

Вагъуэ лыду, лыдыжу мо уэгум къихьа Мадинэ,

Гъатхэ пасэу щӏэращӏэу, гухэлъ зыхуэсщӏа Мадинэ,

Махуэм дыгъэм и нуру, си гъащӏэм хэпщӏа Мадинэ.

Щӏым и пщэдджыжь пшэплъу бзухэр зыдэушэм,

Къыдэбгъэушауэ си гур мэбзэрабзэ,

Адыгэ пшыналъэу псэр зыгъэшэрашэм,

Сынришэжьауэ сэри сегъэубзэ.

Пщащэ дахэу, дахащэу мы си гум хыхьа Мадинэ,

Вагъуэ лыду, лыдыжу мо уэгум къихьа Мадинэ,

Гъатхэ пасэу щӏэращӏэу, гухэлъ зыхуэсщӏа Мадинэ,

Махуэм дыгъэм и нуру, си гъащӏэм хэпщӏа Мадинэ.

Лъагъуныгъэ къабзэу дэ дызэпызыщӏэм,

И макъамэр дэни щызэлъащӏысакӏэщ,

Сызэщӏиӏэтауэ сызыӏыгъ гурыщӏэм,

Къыпэджэж гухэлъыр сэ къыслъэӏэсакӏэщ.

Пщащэ дахэу, дахащэу мы си гум хыхьа Мадинэ,

Вагъуэ лыду, лыдыжу мо уэгум къихьа Мадинэ,

Гъатхэ пасэу щӏэращӏэу, гухэлъ зыхуэсщӏа Мадинэ,

Махуэм дыгъэм и нуру, си гъащӏэм хэпщӏа Мадинэ.

Источник: @zhygue

ключевые слова: щ1ылъэр