Мазэгъуэ жэщ (Мазэгъуэ жэщым псэхэр зэпещӏэ)
ТЕКСТ ПЕСНИ:
Мазэгъуэ жэщым псэхэр зэпещӏэ,
Дзапэ уэрэдым симыгъэжей.
Дуней щӏэращӏэщ, бгырыс нысащӏэу
Ар зэхэзыщӏэм имыӏэ жей, рэу-уей.
Припев:
Мазэгъуэ жэщыр уэ къоӏущащэ,
Унэидзыхьэу шыжэм уошэс,
Уи пыӏэ щыгум, мазэ дэхащэ,
Уи лъагъуныгъэм уэрэд схуеус.
Мазэгъуэ, мазэгъуэ, мазэгъуэ жэщ,
Гу ныпщызмыхуэу нэху умыгъэщ.
Мазэгъуэ жэщу дыжьын-дыщэпсым
Мы си гуращӏэм зэхегъэпскӏыхь.
Ар си ӏэпэгъуу мызэшу сипсэм
Уафэ мазэгъуэр уджу къефыхь, рэу-уей.
Припев.
Уиувэпащи уэ шы лъэрыгъым
Дуней дэхагъэм укъыдешэх.
Си деж укъешэр мазэщӏэ бзыгъэм,
Нуру къыпихым дэ дыдехьэх, рэу-уей.
Припев.
Мазэгъуэ жэщым псэхэр зэпещӏэ,
Дзапэ уэрэдым симыгъэжей.
Дуней щӏэращӏэщ, бгырыс нысащӏэу
Ар зэхэзыщӏэм имыӏэ жей, рэу-уей.
Припев.
Слушать бесплатно в исполнении Ольги Сокуровой
ключевые слова: мэзэгъуэ мазагъуэ