Бахъшысэрей зекӏуэм и уэрэд

народная песня

Исполнители: Зарамук Кардангушев

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Уэ, и пщӏэгъуалэшхуэри, уэрау, кхъухьышхуэ пхащӏэкӏэрэ нытхузэрашэри, ро-уи.

И хъарзынашэм къуэ быдэ щытхыр неубэ.

Уэр, мы жылэгъуэбэр зэхуосри, уэрау, ди Талъостэныр ди сэмырджакът, ро-уи,

И сэмыркъом шу хутыкъуахэр дишыжырт.

Уэр, гъусэ шэжынмэ, уэрау, ди Талъостэныр хуэӏэзэт, ро-уи,

Бзэм я нэхъ гуащӏэр и къуэлакъитӏкӏэрэ зэхуишэрт.

Уэр, и шэтыр лъабжьэри, уэрау, бэрэжьеяпщэми щӏилъэсырт, ро-уи,

Бахъшысэрейри а махуэм къуапиблт.

Уэр, Бахъшысэрейри, уэрау, а махуэм къуапиблт, ро-уи,

Мы гъущӏ пщэхъуиблыр хъаныжь гъумым пщӏэхэвдзэ!

Уэр, хъаныжьмэ ипхъу гущэурэ, уэрау, Кустэхъан дахэри, ро-уи,

Щауэхэплъыхьти, дыщэ тахътэм и щхьэм щогъуэг!

Уэр, пщӏэгъуалэжьыдзэри, уэрау, Хы тӏуащӏэм ныдошэсыкӏри, ро-уи,

"Зы сэбэп къыхэмыкӏынуми мэжджыт хужьым сафӏекӏуэлӏэнщ!" - жиӏащ Андемыркъан.

Послушать в исполнении Зарамука Кардангушева

Ключевые слова: Бахъшысэрей зек1уэм и уэрэд, Бахъшысэрей зекIуэм и уэрэд, Бахъшысэрей зекlуэм и уэрэд