Ажджэрий икъуэ Кушыкупщ

(варианты песни: Азджэрийхэ фи Кушыкупщ)

народная песня

Исполнители: Зарамук Кардангушев

Категории: кабардинские песни

Данагъуэр зи пащӀэкӀитӀ мыгъуэр щӀы фӀыцӀэжьым кърагъэзэгъщ,

ДанапӀэм хэмызэгъэжыр гуащэ гущэ КъумпӀылхъанийщ.

Уэркъ гущэр зэхыхьэмэ, и закъуэ хъунщӀэр къафӀещӀ;

ХъунщӀэ гущэр зыщӀыгъэ шум зи хуэдэр хамылъэгъуэж.

Ин гущэу домбей пашэр бжьапэкӀэ тхухэзыгъащӀэ

ЦӀыхушхуэ гущэм зэфӀагъэщӀагъуэу утыку гущэм хъунщӀэр къыщещӀ.

ЩӀым и пӀалъэ гущэ зыщамыщӀэжым шу гупыр къыщызэрешэ;

Шуудзэм зырамыкужым и закъуэ хъунщӀэр къыщещӀ;

Бэщмакъырым и щӀылъэ пшагъуэр пщы щауэм и шэтырыщхьэт;

Аспажырым и гущхьэ щхъуантӀэр шы лъабжьэм хезыгъэутэ:

ПащӀэ гущэхэр зыгъэкӀым щхьэцыкӀэм зэдыхэбгъыӀэщ,

Фоч дакъэм щызэдеӀэжкӀэ зы шу мыгъуэр зыпамыщӀыж;

Езы гущэ пэ щабэ гъуазэт,

Пщы гъуазэ гущэм дигъэунэхъут.

Шэбарты гущэу бгыплъым пхъэр шу гущэхэр шыбгъэкӀэ щедз;

Сэшхуэжь гущэу хьэщхьэрыӀуэдзэр къэзакъыщхьэ гущэм къыӀуезыгъагуэ.

Гургъулей мыгъуэм и топ гъауэр шы лъабжьэм хезыгъэутэ;

Къуян псыбланэр купецыжьым къысхутезых.

Хьэдрыхэ гущэм сыбдыщӀыхьэнт,

Сэ си псэ гущэр схуӀумыхыжт!

Сэфралыкъуэр зытес шы къарэр уафэ вагъуэм зыхырегъадзэ.

Дыжьын гущэр зи бгъэгурыдзэр емыкӀу лъагъуэм щыбгъэхьэщыкъщ.

Шы бзаджэ шу мыгъуэхэр банэм зэдыхохьэж;

Бэкбий гущэкӀэ кӀэрыхьэжам нэлат и махуэщ!

Сэ гущэ си уэсятыр Жамботей гущэмэ къызэрагъакӀуэ.

Си зекӀуэшыжьыр бештоупс мыгъуэм къыхэвгъэплъэж!

Нэгъуей гущэм я соку гъуэмылэр жолыжь мыгъуэм къытыребгъанэщ.

Трамэр уанэ зэтелъу ЕдыджыфӀ къыфӀимышащэрэт.

О, ди Дондырытхъуэжьыр Жамборэм къытхузэрешэ.

Тау гущэм я ЖэбагъыфӀыр хэт мыгъуэм зэришэжын?

Уей, Къурэлеигъуэм кӀэбдзкӀэ зэресэ;

Быргъусант гущэм и къэзакъ тетым сэшхуэ гущэкӀэ укъысхуимыӀэтрэ.

Мазэ гущэр къыщӀэкӀмэ, зекӀуапӀэр зи гупсысапӀэ,

Данагъуэ мыгъуэр зи пащӀэкӀитӀыр дэнэ мыгъуэм укъисхыжын!

Уей, си анэш егъур Ӏуащхьэ къуагъ мыгъуэм фыкъысхукъуоплъ;

Къэхьырмэн дыкъилъэгъуащ, уэркъхэмэ иреӀуэтэж.

Данагъуэ мыгъуэр зи пащӀэкӀитӀыр Уарпыжь мыгъуэм ныдопсыхэж.

Уэркъ шу гущэр щемыпсыхыжыр сэ гущэм си хуарзэ унэщ.

Дзэпщыжь гущэм и Ӏэбжэм сэ си нэр тызогъэзашэ.

Уэркъ гуп гущэр къызэрыкъуэшмэ, дыщэ шу мыгъуэр хэзмылъэгъуэж.

Банэкъуэ сэтх мыгъуэм лъагъуэр хебгъэшщ.

Тогъузлоу гущэм и шыхъуэр къуэрагъкӀэ языгъэгуэш.

Шухэр щышэскӀэ шу джакӀуэр зыкӀэлъагъакӀуэ

Пхъэрышхуэр къыщыткӀэлъыкӀуэкӀэ былымыр къытхухэзых.

Источник: Одноклассники.ru - Группа "Хэкурэ - Хабзэрэ"