Нэ фӏыцӏэ

народная песня

Исполнители: Асият Асланова, Светлана Тхагалегова

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Лъагъуныгъэр мыдахагъэ,

Лъагъуныгъэри мыӏеягъэ,

Си псэм ӏэфӏурэ уилъагъуащ иджы, уей.

Сыту гуащӏэ лъагъуныгъэр,

Сыту фӏыщэурэ къигъэщӏат ар,

Си псэ закъуэри уэзыра мыгъуэщ, уей.

Пшынэ макъыр гум сфӏыхохьэ

Псэм хыхьаурэ лъагъуныгъэр,

Уэ пхуэсщӏатэкъэ, си нэ фӏыцӏэ жи, уей.

Бэлътоку кӏапэр хызодыкӏыр,

Си нэпситӏыри къысфӏыщӏэкӏыурэ,

Си нэ фӏыцӏэри сфӏагъэкӏащ иджы, уей.

Услъагъуну си нэр къокӏыр,

Услъагъуами си фэр покӏыр,

Апхуэдэххэурэ сыфӏэкӏащ иджы, уей.

Сыкъыщӏокӏыри – мазэм соплъыри.

Сыщӏохьэжыри – согъуэлъыжыри.

Семызэгъыурэ нэху согъэщ иджы, уей.

Си нэ фӏыцӏэри яфӏэдахэкъым,

Щӏалэ дахэри зыми ядэркъым.

Псэм фӏэӏэфӏыри нэм фӏэдахэщ жи, уей!

Источник: www.oredade.ru

Слушать бесплатно в исполнении Асият Аслановой

ключевые слова: ф1ыц1э, фIыцIэ, фlыцlэ, ф1ыц1эм и уэрэд