Исполнители: Черим Нахушев
Категории: кабардинские песни
ТЕКСТ ПЕСНИ:
Зи лъэпкъ пшынэбзэмэ дунейр дихьэхыурэ,
И лъапэм тету утыку ихьэфмэ,
Къигъафэ пщащэм и пщӏэр иӏыгъмэ
Щауэр намыскӏэ гъэнщӏащ.
Припев:
Адыгэ лъэпкъыр зыщыгугъ лӏыгъэр
Къызэкъуэсхынщи утыку сихьэнщ.
Адэжь щӏэину си гугъэ лъапӏэр
Лъэпкъ хабзэм, ди бзэм гъащӏэу хэслъхьэнщ.
Ар сигу имылъу зэи сыгъуэлъыжкъым,
Ар сигу имылъу сыкъэмыуш.
Удэшэсыкӏрэ зекӏуэ ущежьэкӏэ
Шу гъусэ пэжхэм я дзыхь къуагъэзмэ,
Гъуазэ емышу гъуэгум утетмэ
Уадыгэлӏ нэгъэсащ.
Припев.
Уи адэжь лъахэри пхуэхъумэжыфрэ
Уи хабзэ дахэр пхузехьэжыфмэ,
Лӏыгъэм и щапхъэу уагъэлъэгъуэфмэ
Лъэпкъми и пщӏэр пӏэтащ.
Припев.
Щӏалэхэм лӏыгъэри уи щапхъэу къащтэмэ,
Пщащэ гъэфӏахэр щэныфӏэ хъуахэмэ,
Щӏэблэр къыпщӏэхъуэу ужьыщхьэмахуэмэ
Пхуэфащэ жьантӏэр бгъуэтащ.
Скачать MP3 в исполнении Черима Нахушева
Ключевые слова: Адыгэ л1ыгъэ, Адыгэ лIыгъэ, Адыгэ лlыгъэ