Ди Хэку

Автор: Аскер Бербеков

Исполнители: Аскер Бербеков

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Хамэ щӏыпӏэхэм куэду дырикъухьащ,

Жьыбгъэ бзаджэхэм лъэпкъыр зэбгырахащ,

Дыӏэбами, дылъэмыӏэсыж,

Дгъэзэжынуми, тхузэфӏэмыкӏыж.

Уой, си дуней, адэжь щӏыпӏэри, е-е-ей!

Гур зыгъэпӏейтейр уэзыращи, ей.

Губгъуэ, джабэхэм шы щӏэщӏау,

Сигури тешэщӏау, псэм зешэщӏыри, къолъэтыкӏ,

Си щӏыналъэри сигу къэкӏау,

Гум зимыгъэнщӏау, пщӏыхь дахащэм сыхокӏуэдыкӏ.

Сэ солъагъу зы лъэпкъ дыхъужау,

Диӏа къарур зэдгъэгъуэтыжау.

Махуэ кӏуахэри нэщхъейм,

Уэфӏ ирехъур дэ ди пщэдей.

Къуршхэр маджэ, къыдоджэ, ягу къытпымыкӏ,

Дыгъэр маплъэри, къоплъыр, игу къобэмпӏыкӏ,

Мазэри къыкъуокӏри нэщхъейу мэункӏыфӏ,

Псори дэ къыддокӏ ирашэжьэну удж.

Уой, си дуней, адэжь щӏыпӏэри, е-е-ей!

Гур зыгъэпӏейтей уэзыращи, ей.

Губгъуэ, джабэхэм шыр щӏэщӏау,

Сигури тешэщӏау, псэм зешэщӏыри, къолъэтыкӏ,

Си щӏыналъэри сигу къэкӏау,

Гум зимыгъэнщӏау, пщӏыхь дахащэм сыхокӏуэдыкӏ.

Сэ солъагъу зы лъэпкъ дыхъужау,

Диӏа къарур зэдгъэгъуэтыжау.

Махуэ кӏуахэри нэщхъейм,

Уэфӏ ирехъур дэ ди пщэдей.

Сигу уи мафӏэ къыщоблэ,

Си хэкужь, ей!

Укъыщӏыхьэу си нэгу,

Сыдыбохьей!

Сигу уи мафӏэр щолыдыр,

Дывгъэхъумэ ди хэку, си къуэш, си шыпхъухэ, уей!

Дывгъэхъумэ ди хэку, си къуэш, си шыпхъухэ, уей!