Хабзэ

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Нарт санэ къабзэр дэнкӏи щожэх,

Зэхолъэдэжри псышхуэу къожэх.

Дызэхуэвгъэси псори зы жьэгу

Ди бзэ, ди хабзэ хуэдвгъэщӏыт джэгу.

Дызэхуэвгъэси псори зы жьэгу

Ди бзэ, ди хабзэ хуэдвгъэщӏыт джэгу.

Припев:

Хабзэм хуэдвгъэщӏи пщӏэ…

Пхъэ дакъэжь тӏэкӏукӏэ лы гъур гъэжьа,

Мэрамэжьейуэ махъсымэ фалъэ,

Данагъуэм хуэдэу пӏастэ шыуан,

Ӏэнэ лъакъуищым фхутезгъэувэнщ

Хабзэм хуэдвгъэщӏи пщӏэ,

Хабзэм хуэдвгъэщӏи пщӏэ…

Къэбэрдейм фыкӏуэ хабзэ фыхуейм ―

Зэгуэр щыжаӏэу щытащ дунейм.

Къуршыфӏхэм хуэдэу си лъэпкъ щхьэхуит,

Фызэхуэсыжи хабзэр къэфӏэт.

Къуршыфӏхэм хуэдэу си лъэпкъ щхьэхуит,

Фызэхуэсыжи хабзэр къэфӏэт.

Ежьу

Адыгэш къабзэу щӏыгур зыгъэш,

Ди щӏалэгъуалэм гъуэгу яхухэш.

Игъуэ нэсащи тщӏыну гунэс

Ди бзэ, ди хабзэ хуэдвгъэщӏ нэмыс.

Игъуэ нэсащи тщӏыну гунэс

Ди бзэ, ди хабзэ хуэдвгъэщӏ нэмыс.

Припев.

Источник: oredade.ru