Андзорыжь и уэрэд

народная песня

Исполнители: Зарамук Кардангушев

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Бырандури шууфӏкъэ,

Мафӏэм хуэдэр и ӏэщэт.

Пызыгъэщкӏыр и джатэ,

Пызыкъутри и шащхьэщ.

Тесми уанэр шэдыбжькъэ,

Чысантыжькӏэ ныдокӏыр.

"Угъурлыжьыр" и пщафӏэт,

Теуэгъуэфӏи ныщикӏукӏэ.

Андзорыжьыр йопсыхкъэ.

Андзорыфӏыр жейхуэлӏи.

Сыхьэт плӏанэ щхьэукъуэщ.

И гъущапӏэр къощэжи.

И сэшхуэфӏыр къырехкъэ,

И сэшхуэдзэр ӏуеудкъэ.

И фочышхуэр къырехкъэ,

Щтэр зытелъыр зэпепхъкъэ.

Сагъындакъыр къырехкъэ,

Сагъындакъыпэр пещӏыкӏкъэ.

Андзорыфӏыр къоушкъэ,

"Накӏуэ!" жери мэшэскъэ.

Теуэгъуэфӏхэр ныщикӏукӏэ

Фӏыцӏагъэбэр къелъагъукъэ.

И фочышхуэр къырехкъэ,

Щтэр зытелъыр ӏулъыжкъым.

Сэгъындакъыр къырехкъэ,

Сэгъындакъыпэр пытыжкъым.

И сэшхуэфӏыр къырехкъэ,

И сэшхуэдзэр ӏутыжкъым.

Бырандури шууфӏкъэ,

Андзорыфӏри кӏуэдыжкъэ.

Источник: книга З. Кардангушева "Адыгэ уэрэдыжьхэр"

Скачать MP3 в исполнении Зарамука Кардангушева

Ключевые слова: Андзорыж, Анзорыж, Анзорыжь