ТЕКСТ ПЕСНИ:
Дыщэплъыр дэнлъэч къыщысщӏкӏэрэ, сэрмыгъуэ.
Бзуущхьэм хызогъэзагъэр.
Пӏэщхьагъкӏэ зигу мызэгъахэмэ, сэрмыгъуэ,
Дунейми сыт щалъэгъуа?
Къайсэрыжьым фи станцышхуэми, сэрмыгъуэ,
Мафӏэгур щызэрызошэ.
Зэпылъу зэрымышахэри, сэрмыгъуэ,
Дунейкӏэ жыхьэрмэкъэ?
Жыжьэурэ укъысхуэувурэ, сэрмыгъуэ,
Тэрмэшкӏэ укъызопсалъэ,
Гъунэгъуу дызэбгъэпсалъэтэм, сэрмыгъуэ,
Ди ӏуэхур къызэфӏэкӏынти.
Къайсэрыжьым фи фабрикэжьхэми, сэрмыгъуэ,
Щэкӏышхуэр къыщыщӏагъэкӏыр.
Ди ӏуэхухэр тхузэфӏэзгъэкӏым, сэрмыгъуэ,
Ахърэтым жэнэтыр ейти.
Данэурэ си щхьэцыгъуэшхуэр, сэрмыгъуэ,
Пӏэ лъапэм щызогъэлъалъэр.
Нэпсурэ къезгъэлъэлъэхыр, сэрмыгъуэ,
Си благъэм фи гуэныхь щӏапӏэщ.
Данэурэ си щхьэцыгъуэшхуэр, сэрмыгъуэ,
Мажьэдзэм схузэгуимыхи.
Пхъэхкӏэрэ сызэгуэфхынуми, сэрмыгъуэ,
А щӏалэр сигу имыкӏыну.
Къайсэрыжьым фи уэздыгъэшхуэхэр, сэрмыгъуэ,
Уэ, Алыхь, къызэкӏэлъыщӏонэр,
А щӏалэр сигу къыщридзэкӏэ, сэрмыгъуэ,
Ӏэл фӏыцӏэу сыкъызэщӏонэр.
Ӏэпэ щащӏэу си пшынэ фӏыцӏэри, сэрмгъуэ,
Дыгъэпсым хызогъэпсалъэ.
А щӏалэм зэ сезыгъэпсалъэм, сэрмыгъуэ,
Ахърэтым жэнэтыр ейти.
Источник: @zhygue
ключевые слова: къыщысщ1к1эрэ