Гуфӏэгъуэ уэрэд

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Пшынэбзэ макъ жьгърум

Пшынауэ екӏуу дежьум,

Пхъэцӏычи бжьэмийри пшынэм фыдежьу.

Адыгэ щауэм къишащ,

Нысэ унагъуэ къихьащ.

Адыгэ джэгур дунейм щырезу.

Нэхъыжьхэр жьантӏэм къыдэсщ,

Гуфӏэгъуэ ӏэнэм бгъэдэсщ.

Ди тхьэшхуэ щӏэблэм щхьэкӏэ яхуолъэӏу.

Ныбжьыщӏэ зы зызыщӏа,

Лъэпкъитӏыр зэпызыщӏа,

Гуфӏэгъуэ хъуэхъухэм дунейр щӏыредэӏу.

Адыгэ джэгум щӏидзащ,

Щӏалэр утыкум къихьащ,

Адыгэ джэгум и ӏэгум зиӏэтащ.

Пщащэр утыкум къихьащ,

Тхьэрыкъуэ пщэхур уващ,

И нэгур зэ къэгуфӏащ, къэгъэгъащ.

И напӏэр иридзыхау,

Нэкӏущхьэр къызэщӏэнау,

Зигъафӏэу щэныфӏэу джэгубгъур къефыхь.

Къуршыбгъэу къыщхьэщыхьащ,

Къеуфэрэзыхь зиубгъуау,

Адыгэ щауэм утыкур къелъэтыхь.

Пшынэбзэ макъ жьгърум

Пшынауэ екӏуу дежьум,

Пхъэцӏычри бжьэмийри пшынэм къыдежьум,

Адыгэ щауэм къишащ,

Нысэ унагъуэ къихьащ,

Адыгэ джэгур дунейм щырезу.

Слушать бесплатно в исполнении Азамата Цавкилова

Ключевые слова: гуф1эгъуэ, гуфiэгъуэ, гуфlэгъуэ