Хьэсанш

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Услъагъумэ си гуапэщ, сэ сыпхуозэш.

Си пшынэм уи къафэр фӏэфӏу хеш.

Сыпшэну жыпӏакъэ, Шэджэм сыдэш,

Шууейуэ сэ си Хьэсанш.

Къурш лъапэм шы гуартэр гъатхэм щогъэхъу.

Къуршыщхьэм утету сэ къысщохъу.

Уи щытхъур зымыщӏэ Тӏуащӏэм дэмыс,

Уэрэдыр сэ пхузоус.

Уи шыгъуэм утесу си нэгу ущӏэтщ,

Шыгъажэм зипчамэ япэ уитщ.

Щӏэх-щӏэхыу си анэм и малъхъэ зыщӏ,

Си ӏуэхур кӏыхьлӏыхь умыщӏ.

Си щӏасэу си шыпхъур псоми уацӏыху,

Хуабагъэ зигу пхуилъыр мыхуэмыху,

Ди къуажи уоцӏыхур – зы дэзмыгъуэж,

Фи къуажэ нэхъ сфӏэдэхэжщ.

Услъагъумэ с гуапэщ, ӏейуэ сыпхуозэш,

Си пшынэм уи къафэр фӏэфӏу хеш.

Къэфэну къытехьэм сэ сыкъыдеш,

Сисыну сыфӏэфӏщ фи деж.

Источник: @zhygue

ключевые слова: ф1эф1у