Хэт уэ пхуэдэу слъагъужын

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Хэкӏкъым пщӏыхьым, хэкӏкъым пщӏыхьым

Уи щхьэцышхуэу ухуэнар…

Ныбжьу щытщ къызбгъэдэмыхьэу

Уэ уи теплъэу къысхуэнар.

Жейм сезэгъкъым, жейм сезэгъкъым,

Гум щӏалэгъуэр къэкӏыжам.

Си блэкӏахэм сахуеплъэкӏмэ,

Хэт уэ пхуэдэу слъагъужын?

Итщ си пащхьэм дыгъэпс налъэу

Щхьэц фӏыцӏэшхуэу къежьыхар…

Щхьэ ущыт-тӏэ уэ укъаплъэу,

Удз гъэгъауэ гум упхокӏ.

Уэшхыр къешхми сигу укъокӏыр,

Уэсыр къесми гум уимыкӏ,

Дыгъэр къепсми сигу укъокӏыр,

Хэт уэ пхуэдэу, слъагъужын?

Источник: @zhygue