Лъагъуныгъэу уэ пхузиӏэр
ТЕКСТ ПЕСНИ:
Лъагъуныгъэу уэ пхузиӏэр,
Къурш хуэдизу сигу щыинщ.
Узмылъагъуу къыбжезыӏэр,
Хэту щытми, къоижынщ.
Уи сурэтыр сэ къэсщтэхукӏэ,
Сэ къысфӏощӏыр укъызэплъ.
Уэ гуакӏуащэм сыпхуэзэхукӏэ,
Си гур мафӏэу къыбогъэплъ.
Бостей пӏащӏэу уэ бдэпсыпсым,
Сфӏощӏыр уи гур къызэпхыпс.
Уэ, щӏыкӏафӏэу си гум щыпсым,
Лъагъуныгъэм сыхуогъэпс.
Лъагъуныгъэу зэхуэтщӏахэм,
Ди гурылъыр тедгъэхуэнщ.
Дэ насыпу зэпытщӏахэр,
Ух имыӏэу тхуэмахуэнщ.
Лъагъуныгъуэу уэ пхузиӏэр,
Къурш хуэдизу сигу щыинщ.
Узмылъагъуу къыбжезыӏэр,
Хэту щытми къоижынщ.
Источник: @zhygue
ключевые слова: пхузи1эр льагьуныгъэу пхузиlэр