Уадыгэным къикӏыр

Слова - Мухадин Бемурзов

Исполнители: Азамат Цавкилов

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Адыгэу нобэ ущытыныр гугъущ,

Адыгэу нобэ упсэуныр хьэлъэщ.

Зэманыр жырри зыгъэщащэ гухъущ,-

Абы екъутэр цӏыхум и хьэл-щэныр.

Абы пэлъэщкъым лъэпкъми и къарур.

Игъащӏэкӏэ хабзэфӏ зэрихьэгъахэр,

Зэхекъутэжри ди зэман ерум,

Хуэнщӏей пэлъытэу яхепхъэжыр гъэхэм.

Адыгэ цӏыхури мэхъу кӏуэ пэтми жьгъей.

Хъанцэгу и къуршрэ и тенджызу псынэр,

Щхьэхуэфӏ гухэлъым ар иронэщхъей,

Лъэпкъ кӏуэд зэрыхъур имылъагъуу и нэм.

Ди щӏэблэр едэӏуэжкъым къэзылъхуам.

Еплъыжкъым ди цӏыхубзхэм я нэмысым,

Фадафэм и пщылӏыпӏэ зэрыхуам

Ди щӏалэхэр ехьыж, игъуэ нэмысу.

Ӏыхьлъыгъэр куэдым къызэрапщыр мылъкущ

Цӏыху уасэр къызэрабжыр и лэжьапӏэрщ,

Ӏиманыншагъэр ямыщӏыж емыкӏу,

Нэмыплъи хуамыщӏыж зимыӏэм напэ.

Ухуэзэ хъуащи апхуэдиз нэжэс,

Пхуэчынукъым лъэбакъуэ я фейдэншэу.

Я напэм тебзэжа пфӏэщӏынущ жэз,

Я нэкӏур плъыжьми ягур укӏытэншэу.

Ещӏыфыр япэ къэсым хэутэн,

Лъэпкъыбзэу илъэс минхэм я уэсятыр,

Плъэмыкӏыу бгъэшынэн е бгъэукӏытэн,

Адыгэ щӏыхьыр пфӏыхаутэ ятӏэм.

Апхуэдэу щыхъукӏэ, лъэпкъ ягъэпудам

Дэщӏыну зигум къэкӏыр зырызыхэщ,

Хэт илъэс кӏуахэм игу ираудащ,

Хэт ищхьэр лъэпкъ гукъеуэ хэмытыхэ.

Адыгэу нобэ ущытыныр гугъущ,

Ауэ сыт щыгъуэ щыщытар ар тыншу,

Къэвгъуэтыт тхыдэм зэ щищӏыж ди гугъу,

Ди гъащӏэр тхьауэ дэ къэзэуатыншэу!

Щалъхуати, и мыгъуагъэу, жэнэт хэку,

Яхуэхъури бийхэм ар хьэ зэрышхыпӏэ,

Нэщӏэбжьэ куэдхэр щӏагъэкӏащ и нэгу.

Ди лъэпкъ бэшэчу лӏыхъужьыгъэ зи бэм.

И тхыдэ кӏыхьу къызэринэкӏам.

Ар куэдрэ ихуэгъащ псэ зэпылъхьэпӏэ,

И быну хамэ ӏэщэм къиукӏар,

Имыгъуэтыжу уеблэмэ щӏэлъхьэпӏэ.

Къэхъуащ монголхэм ар щапэщӏэта,

Зы фэбжь кърахмэ, щащӏэу ярихыжу,

Гуӏэжу Лабэ ӏуфэ щыӏутам,

Сабийхэр псыхьэлъахуэу къыхихыжу.

Арщхьэкӏэ, хуэмызами сыт махуей,

Абы игъэпудакъым зыкӏи ищхьэр.

И Хэкур къигъэнэн щыхъуами хуей,

Яхуэувакъым ар лъэгуажьэмыщхьэу.

Ирехъу гуфӏэгъуэ е гухэщӏ ирехъу,

Абы ухущытынырщ ухуэфащэу,

Уи напэм ену уигур хурырегъу,

Уи махуэ къэсыхун цӏыхугъэ бащэу.

Уадыгэныр мыгурыфӏ-гурей,

Зи уэлиигъуэм фӏэфӏмэ - улъэпкъыпсэу.

Адыгэм зэуэ тралъхьэмэ тезыр,

Ӏэщӏыб пщӏыжыну уи анэдэлъхубзэр,

Пӏурылъу зыбзэ, узэдису зыщӏ,

Хьэлэлу къыщыптепсэкӏэ зы дыгъэ,

Адыгэу упсэуным къикӏыр зыщ -

Уадыгэну къыпкъуэкӏынырщ лӏыгъэ.

Источник: http://www.haymarja.narod.ru/bemirza.htm

Скачать бесплатно MP3 в исполнении Азамата Цавкилова

Ключевые слова: уадыгэну гугьущ, ущытыну, къик1ыр, къикIыр, къикlыр