Исполнители: Аниуар Кагазежев
Категории: кабардинские песни
ТЕКСТ ПЕСНИ:
Уэ зэ уӏумыкӏыж,
Тӏэкӏу иджыри дыщыгъэсыж.
Зыгуэр къызжеӏэ, фӏыуэ слъэгъуа,
Си гъащӏэр нэху зыщӏа.
Зыгуэр къызжеӏэ, фӏыуэ слъэгъуа,
Си гъащӏэр нэху зыщӏа.
Пшапэр хуэм-хуэму зэхоуэр,
Бгыпэм дыщызэхуос.
Сэ услъагъуну къысфӏэщӏу,
Псынщӏэу сыкъос.
Къызэплъ, си дахэкӏей,
Къысхуэгуфӏэт, сэ си дуней.
Зыгуэри жыӏэ, фӏыуэ слъэгъуа,
Си гъащӏэр нэху зыщӏа.
Зыгуэри жыӏэ, фӏыуэ слъэгъуа,
Си гъащӏэр нэху зыщӏа.
Пшынэм и макъым зеӏэтри,
Щӏалэхэми я лъэр мэплъ.
Мазэри уэгум къоплъыхри,
Къафэхэм йоплъ.
Дыщытщ, дызэхуоплъэкӏ,
Жытӏэн-ӏауэ зы тхулъэмыкӏ.
Зыгуэри жыӏэт, фӏыуэ слъэгъуа,
Си гъащӏэр нэху зыщӏа.
Зыгуэри жыӏэт, фӏыуэ слъэгъуа,
Си гъащӏэр нэху зыщӏа.
Пшынэм и макъыр мэужьыхыж,
Жэщым къэфахэр унэм мэкӏуэж.
Емызэшыжыр Шэрэджщи,
Хъущӏэу йожэхыр, уей.
Емызэшыжыр Шэрэджщи,
Хъущӏэу йожэхыр, уей.
Гурыщӏэ ӏэфӏым и нурыр,
Сипсэ, зэ къегъэщӏэж.
Псэм и ӏэфӏыр уэстащи,
Пхуэзмыщӏэн щымыӏэж.
Къызэплъ, си дахэкӏей,
Къысхуэгуфӏэт, сэ си дуней.
Зыгуэри жыӏэ, фӏыуэ слъэгъуа,
Си гъащӏэр нэху зыщӏа.
Зыгуэри жыӏэ, фӏыуэ слъэгъуа,
Си гъащӏэр нэху зыщӏа.
Уэ зэ уӏумыкӏыж,
Тӏэкӏу иджыри дыщыгъэсыж.
Зыгуэр къызжеӏэ, фӏыуэ слъэгъуа,
Си гъащӏэр нэху зыщӏа.
Зыгуэр къызжеӏэ, фӏыуэ слъэгъуа,
Си гъащӏэр нэху зыщӏа.
Си гъащӏэр нэху зыщӏа.
Си гъащӏэр нэху зыщӏа.
Источник: @zhygue
ключевые слова: ф1ыуэ сльэгьуа