Хьэпцӏэ Алий и уэрэд

Автор - Лаша (Адильгирей) Агноков

Исполнители: Зарамук Кардангушев

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

- Ди гъунэгъум я нысэ,

Уетхэ япхъуу Сырымэ,

Зы пхъэдзакӏэ къызэтыт!

- Уи пхъэдзакӏэ си лажьэкъым,

Сэ лажьэшхуэ сыхэтщ,

Сызыхэтыр мэбатэри,

Батэкъутэр согъэш.

- Сыт къыпщыщӏ, кӏуэдын?

Ди пыбгъыкӏ срокӏуэ,

Дос и щӏытӏым сроплъэ,

Зы жьакӏащхъуэ кърикӏуэт,

А жьакӏащхъуэу кърикӏуэм

Ди тхьэмадэ ныщӏеш,

Ди шэщыпхэ ирешэкӏ,

Сакӏэлъекӏуэкӏри,

Я даущ содэӏу,

Сэ схуэфӏыни жамыӏэ.

Ди тхьэмадэ къокӏуэжри,

Нэщхъ-бзэщхъ зыкъещӏ,

Имыщӏыкӏэ къеублэ,

И мыхьэли зыхелъхьэ.

И джэдыгу зыщекъуэ,

И шырыкъуи лъетӏагъэ,

И хьэпшып зыкӏепх,

И шы лъахъэ кӏепхыж,

Жьакӏэ мажьэ щӏехыж,

Джыдэ ихьу мэз мыкӏуэ,

Къэкӏуэжам, бо къимытхъу,

Тхъу кхъуэщыныр ирекъэ,

Си къуэ закъуэр сфӏеукӏ,

Схэкӏыжынкӏи гугъапӏэщ.

Ар жьакӏэ къащхъуэ хьэфотэщ,

Я шы-уанэ зэтелъщ,

Я гухэлъ зэрощӏэ,

Фадэ зыщӏым фӏрафри,

Фыз унафэкӏи къакӏухь.

- Къуэжьыкъуей дывгъакӏуэ.

- Къуэжьыкъуейуэ дыздэкӏуэм,

Я молэжьыр нэ закъуэт,

Нэмэз закъуи дегъэщӏ,

Ар жылэгъуи тхуэхъункъым.

- Къуэгъулъкъуей дывгъакӏуэ.

- Къуэгъулъкъуейуэ дыздэкӏуэм,

Къуэгъулъкъуэ и къуэр си благъэт,

Я хьэщӏэщым сопсых.

Къуэгъулъкъуэ и къуэр къыщӏохьэ,

И сэламри зэфӏокӏри,

Хьэщӏэ нышри тхуиукӏри,

Хьэщӏэ нышри зэфӏокӏ.

- Хьэпцӏэ Алийуэ си благъэ!

Узыхуейри къызжыӏэ?

- Сызыхуейри ныбжесӏэмэ,

Сэ пӏэщхьэгъи симыӏэ.

- Уэ пӏэщхьэгъыу уимыӏэр,

Ар зыхуэдэр къызжепӏэтэмэ,

Сэ зыгуэри пхуэсщӏэнт.

- Тхьэмадитӏыр къысхуэпшэрэ

Фи молэжьыр къепшэкӏтэм,

Сызыхуейри бжесӏэнт.

Тхьэмадитӏыр къэмыкӏуэу

Я молэжьыр къокӏуэкӏ.

Тхьэмадитӏыр къыщыкӏуэкӏэ,

- Ди хьэщӏэуэ ди щӏасэ!

Хьэпцӏэ Алийуэ ди благъэ,

Узыхуейри къыджыӏэ?

- Сызыхуейр нывжесӏэмэ,

Езыр инрэ ӏэхулъэхуу,

Лъхугъэ лъэпкъи имыӏэу,

Благъэ иӏэрэ къэмыкӏуэу,

Былым иӏэрэ сыхуиту,

Шатэ иӏэрэ сигъэшхыу,

И къантоби ӏэтауэ,

Тӏэкӏу лӏакъуэ щӏалэӏуэу,

Сигу зэщыуащ фызкӏэ.

Тхьэмадитӏыр мэгубжь:

- Хьэпцӏэ Алийуэ жьакӏащхъуэ!

Пыӏэ къащхъуэ хьэфотэ,

Уэ фитнэкӏэ уӏэзэщ,

Уэ цӏыхубзкӏэ убзаджэщ,

Дэкӏ, хьэмэ къилъхуа!

Хьэпцӏэ Алийри къыдахури,

Хущхьэ-щатэу къожьэж,

Зы теуэгъуэ къыщикӏукӏэ,

Хьэпцӏэ Алийри гупсысэщ,

- Уэ си хакӏуэжь мыгъуэ,

Дэнэкӏэ укӏуэми, къохъулӏэкъым,

Ссэкӏыжынкӏэ тхьэ соӏуэ!

Хьэпцӏэ Алийри йопсыхри,

Зей дамэкъуэр щӏигъатхъэри,

Къритхъыну щыхуежьэкӏэ

Хьэпцӏэ Алийри щӏогъуэж.

Хьэпцӏэ Алийр гупсысэри:

- Хакӏуэжь мыгъуэ!

Си гуащӏэ къыдэкӏауэ

Урыс мэкъум къисхауэ

Тумэн закъуи пщӏэстащ.

Зей дамэкъуэр хыфӏидзэри

Къримыдзуи ежьэжащ.

Зы теуэгъуэ ныщикӏукӏэ

Зы пыӏэщхъуэ ныӏуощӏэ,

А пыӏэщхъуэм блэкӏауэ,

Щоджэн Мусэ кӏэлъожьэри

А пыӏэщхъуэм ныхуозэ.

- Уэ пыӏэщхъуэу чыныпэ!

Уэ гъуэгупэм утесщ,

Хэт блэкӏауи плъэгъуа?

- И сэфэтыр къызжепӏэм,

Зэрыщытыр бжесӏэнщ.

- И сэфэтыр ныбжесӏэм,

Ар жьакӏэ брулщ,

Къалэдэс халъхуэу,

Къалэдэсыр щагуэшым,

Къэзаншей хъужауэ,

Щоджэн Мусикӏ и благъэу

Сызылъыхъуэр апхуэдэщ.

- И шыгъуэжьыр хуэнэфу,

И тӏыхъуфэ пщэцгъэкӏыу,

Уанэм теуӏуэу,

Шыми теӏунщӏэу,

Ӏэпэлъапэсысу,

Шым тесысыхьу,

Афэ гъуа и вакъэу,

Шыфэ гъур и пщампӏэу,

Тэрч икӏыпӏэ имыщӏэу,

И фоч кӏэщӏри кӏуэдауэ,

Псыхъуэм дэскӏэ, тхьэ соӏуэ!

Щоджэн Мусэ кӏэлъыжэщ,

Хьэпцӏэ Алийми кӏэщӏыхьэщ.

- Хьэпцӏэ Алийуэ си благъэ!

Къыщӏэпкӏухьыр къызжыӏэ?

Уасэ куэду къызэти,

Сэ уэстами етӏыгу, -

Жиӏэри къишэжри

Къэзаншей къыдэнэжащ.

Источник: книга "Агънокъуэ Лашэ"

ключевые слова: хьэпц1э хапцев хапца алия хапцы