Дэ адыгэм ди хабзэр аращ

Музыка - Гошнау Самогова

Другие вариации: У адыгов обычай такой

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Щӏалэ гуп зэхыхьауэ тӏысам,

Хъуэхъу жиӏэну нэхъыжь къэтэджам,

Нэхъыжь псалъэм зэран ухуэмыхъу,

Щхьэзыфӏэфӏ-ӏэдэбыншэ умыхъу,

Пщӏэ сыт щыгъуи нэхъыжьым иӏащ —

Дэ адыгэм ди хабзэр аращ!

Припев:

Мыс аращ. Мис аращ. Дэ адыгэм ди хабзэр аращ…

Унэ пщӏыну бжэгъулъэ хэптӏэнщ,

Къуажэдэсхэр щӏыхьэху къыпхуэкӏуэнщ,

Уэ уизакъуэкӏэ хьэлъэ ар хъунщ —

Бэ къарум лъапсэ быдэ уищӏынщ,

Унэщӏыхьэ аррыхэу пщӏыжащ —

Дэ адыгэм ди хабзэр аращ!

Припев.

Хьэщӏэ махуэ уи унэм къихьам,

Уигур уэ хузэӏух къыпхуэкӏуам,

Фӏыуэ уиӏэм уи хьэщӏэр хуит хуэщӏ,

Уи ӏэнэгур джэдлыбжьэкӏэ гъэнщӏ,

И гуэпагъкӏи хуэпщӏэнур хуэпщӏащ —

Дэ адыгэм ди хабзэр аращ!

Припев.

Къуэ е пхъу узэжьар къыпхуэхъуам,

Уэ абыкӏэ уи лъэпкъ бгъэбэгъуам,

Теӏуэ фӏым, фӏы уигу къыхуэгъэкӏ,

Гъащӏэ жыг уэ хухэси хуэгъэкӏ,

Ди лъэпкъ хейм ар нэщанэ хуэхъуащ,

Дэ адыгэм ди хабзэр аращ!

Припев.