Исполнители: Мухамед Коблев
Категории: кабардинские песни
ТЕКСТ ПЕСНИ:
Адыгэ Хэкур гущэ уэрэдщ,
Ар нэщхъеягъэм къытфӏэкӏуэ нэпсщ,
Адыгэ Хэкур гуфӏэгъуэ уджщ,
Адыгэ Хэкур вагъуэ пщыкӏутӏщ.
Ди Кавказ, ди дунеижь —
Мыр адыгэм ди щӏыгужь,
Фӏыгъуэу тетыр мы дунейм
Сэ узиӏэу сыхуэмей.
Тхьэм дэ дыкъигъэщӏащ,
Уафэмкӏэ ди щхьэр гъэзащ,
Тщӏэтыр дэ адыгэлъщ,
Ткӏуэцӏылъыр дэ адыгэгущ.
Адыгэ Хэкур лӏы бланэ щӏыгущ,
Адыгэ пщащэхэр тхьэӏухудщ,
Адыгэ Хэкур насып мыухщ,
Адыгэ Хэкур псомкӏи нэхъыфӏщ.
Ди Кавказ, ди дунеижь —
Мыр адыгэм ди щӏыгужь,
Фӏыгъуэу тетыр мы дунейм
Сэ узиӏэу сыхуэмей.
Тхьэм дэ дыкъигъэщӏащ,
Уафэмкӏэ ди щхьэр гъэзащ,
Тщӏэтыр дэ адыгэлъщ,
Ткӏуэцӏылъыр дэ адыгэгущ.
Дэплъеи — гъащӏэ, еплъыхи — мащэ, уэй-дэри-дэ-уей
Дихьэжынущ Тхьэм и пащхьэ, уэй-дэри-дэ-уей
Упсэухукӏэ напэр уи фащэщ —
Узэрадыгэр умыгъэгъуащэ, уей
Тхьэм дэ дыкъигъэщӏащ,
Уафэмкӏэ ди щхьэр гъэзащ,
Тщӏэтыр дэ адыгэлъщ,
Ткӏуэцӏылъыр дэ адыгэгущ.