Пащӏэ Бэчмырзэ и фызышэ гъыбзэ

автор - Бекмурза Пачев

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Сыкъызэралъхурэ, уой лажьэ, тутын семыфэ,

Фадэ сефэн щхьэкӏэ, уой лажьэ, жып симыӏэбэ.

Дыгъуэн си ӏуэхуурэ саугъэделэркъым,

Мы зэ делэгъуэми быным сахыумыдз мыгъуэ.

Сигум къыридзэмэ Мэзанхэ сокӏуэ,

Мы Гумкъалэжьмэ зыщызогъэлъагъуэ.

Цӏыхум сыкъалъагъумэ щӏакъуэ зызощӏыр,

Си щӏакъуэ башри сэ нызэфӏызощӏэ.

Сигум ислъхьахэр сианэжьым къещӏэ,

Борей хьэблэжьмэ щӏалэр дэмыс мыгъуэ.

Хъыджэбзу дэсри фызэрызошэ,

Фызэрошажьэри Кӏуцэр дывош мыгъуэ.

Сыфкӏэлъыдокӏри сыфкӏэлъокӏуатэ,

Сывокӏуэталӏэри Кӏуцэм зызодзыр.

И дэнлъэ матэри хыфӏызогъадзэ,

Гъатхэпэ удзхэри къызогъэфыщӏыр.

Си къатыр цӏыкӏур фэ тӏуащӏэ лъэгу мыгъуэт,

Бэтэгъэжь лъэгуми фызыжь щагъабгэ.

Лъеиншэ ябгэри сэ зэрызимыӏэ мыгъуэ,

Шабиихъу цӏыкӏур сиӏэт зы быдзышэ ефа мыгъуэт.

Янэжьым ибгъэр къызэлъыкъуех мыгъуэ,

Шабиихъу цӏыкӏум и ӏуэху хэмылъ мыгъуэт.

https://youtu.be/f59eAnJHttM

Источник: книга З. Кардангушева "Адыгэ уэрэдыжьхэр"

Скачать MP3 в исполнении в исполнении Хасанби Шомахова

ключевые слова: Пащ1э Бэчмырзэ, ПащIэ Бэчмырзэ, Пащlэ Бэчмырзэ