Сыт пхуэсщӏэнур, сигу

Слова - Х. Бештоков

Музыка - Дж. Хаупа

Исполнители: Заур Тутов

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Сыт пхуэсщӏэнур, сигу, усфӏэгуэныхьщ уэ,

Сыт ӏэмалкӏэ сэ узущиин?

Сиӏэжамэ зыгу сэ уэр нэмыщӏкӏэ

Дауэ сщӏыми узутӏыпщыжынт.

Сыт пхуэсщӏэнур, сигу, усфӏэтхьэмыщкӏэщ.

Си бгъэ зэвым уимыхуэу уопсэу.

Сыдыхьшхыу лӏыгъэм сэ зезгъэхьми

Имыщӏэххэ дызыхуей мэпсэу.

Уэ узыхуэпабгъэр умылъагъуми

И гъунэгъу ухъуамэ упсэхунт.

Е насып уиӏамэ фӏыуэ плъагъум

И гум убгъурылъу укъалъхунт.

Источник: oredade.ru