ТЕКСТ ПЕСНИ:
Уэ пхуэзгъафӏэу сыхъумэ си гурыщӏэр
Ещхьщ дахащэу гъагъэ сэтэнейм.
Гур щӏэпщтырыр уэзыращ зи фӏыщӏэр,
Уэ утетщи, дахэ, мы дунейм.
Жэщ уафэгум вагъуэ измылъагъуэм,
Сызэрихуэу си гур мэпӏейтей.
Ауэ сынешэжыр хэтша лъагъуэм,
Уэ утетщи, дахэ, мы дунейм.
Жыжьэу уэ услъагъуми, сыуахътыншэщ,
Уэ ущыӏэу сэ сымыгужьей.
Псыдзэ ӏэлыр, еплъыт, зэраныншэщ,
Уэ утетщи, дахэ, мы дунейм.
Си гур зы дакъикъэ темыпыӏэ,
Уэрщ ар зэджэр, гъащӏэм и пщэдей.
Сэ нэхъ насыпыфӏэ цӏыху щымыӏэ,
Уэ утетщи, дахэ, мы дунейм.
Источник: @zhygue
ключевые слова: пхуэзгъаф1эу