Уи пщэдджыжь фӏыуэ

Псалъэхэр зытхар - Къанкъул Фӏ.

Макъамэр зытхар - Тубей А.

Исполнители: Черим Нахушев

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Уи пщэдджыжь, уи пщэдджыжь фӏыуэ,

Си псэу адыгэ лъэпкъ.

Нэхъыжьи, нэхъыщӏи,

Щауэщӏи, нысащӏи,

Бэвылъэу си адыгэщӏ.

Гъунэгъуи, ныбжьэгъуи, ей,

Уэгу дыгъи, къэкӏыгъи, ей.

Уи пщэдджыжь, уи пщэдджыжь,

Уи пщэдджыжь фӏыуэ,

Си псэу адыгэ лъэпкъ.

Уи пщэдджыжь, уи пщэдджыжь фӏыуэ,

Зи бзэр сӏурылъ си лъэпкъ.

Уэгу къащхъуи, ӏэщыхъуи,

Ди къуажи, ди къали,

Хабзэкӏи, нэмыскӏи бей.

Къуршыпси псынэпси, ей,

Жьы къабзи, хъыджэбзи, ей.

Уи пщэдджыжь, уи пщэдджыжь,

Уи пщэдджыжь фӏыуэ,

Си псэу адыгэ лъэпкъ.

Уи пщэдджыжь, уи пщэдджыжь фӏыуэ,

Гъэгъауэ адыгэ лъэпкъ.

Уэсэпсу, дыщэпсу,

Вагъуэбэ лыдыжу

Си щӏылъэм щыпажэу, ей.

Дыгъэпсыр къыптепсэу, ей,

Берычэтыр здытепсэу, ей.

Уи пщэдджыжь, уи пщэдджыжь,

Уи пщэдджыжь фӏыуэ,

Си псэу адыгэ лъэпкъ.

Источник: @zhygue