Слова: Бетал Бахов (Бахъуэ Бетӏал)
Музыка: Хасан Карданов (Къардэн Хьэсэн)
ТЕКСТ ПЕСНИ:
Нарзан къабзэр зи ӏуплъэгъуэ,
Нэхущ вагъуэ шыр,
Шэджэмыщхьэ и пщыхьэщхьэу,
Усфӏыхохьэ пкъым.
Щӏэтщ си нэгум уи нэкӏу дыгъэу
Куэдрэ къысхуепсар.
Къокӏ, къокӏ, къокӏ,
Мэгъагъэ розэ жылэу
Си гум щыхэпсар,
Ленэ дахэкӏей,
Дахэ псом я лей,
Ленэ дахэкӏей.
Уафэм уеплъмэ, сэ къысфӏощӏыр
Пшэхэр зэкӏэщӏэкӏ,
Пщэдджыжькӏэ си лэгъунэм
Сщӏыгъуу укъыщӏэкӏ,
Уэ си гъащӏэм хуэхъуи гъусэ,
Нэху щӏы си дунейр,
Уэрщ, уэрщ насып зыдэзгъуэтынур,
Ленэ дахэкӏей,
Дахэ псом я лей.
Пшагъуэр губгъуэм щыгъуэлъами,
Си нэр сфӏызэпхоплъ,
Уи сурэтщ щыслъагъур дэни,
Пшынэр зи плӏэрыхь,
Пщӏыхьуэ сиӏэр уэ сӏыпхащи,
Сэ сиӏэжкъым жей,
Уэ, уэ фи къуажэм уримазэщ,
Ленэ дахэкӏей,
Дахэ псом я лей.
Сыпхуэхъунущ гъатхэ мазэм
Дыгъэ къуэмыхьэж,
Зи дэкӏуэгъуэм зэрихабзэу,
Уи жьэгу пащхьэр хъуэж,
Къызэпшэкӏри уи нур уагъэр,
Си пкъыр пщӏащ мыхъей,
Уэ, уэ сыхуэшэ насып лъагъуэм,
Ленэ дахэкӏей,
Дахэ псом я лей.
Послушать в исполнении Бориса Кужева
ключевые слова: дахэк1ей, дахэкIей, дахэкlей, уэрэд, Песня про Лену Красавица лена