Сызэхещӏэ уэшхым

Слова - Зарина Канукова

Музыка - Заур Жириков

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Уэшхым пщӏыхьхэр ещӏыр псыӏэ,

Зэгуэпыгъуэу мэӏу и макъ:

«Фӏыуэ плъагъур дэнэ щыӏэ?

Жэщыр куэдрэ умыгъагъ.

Припев:

Пщӏыхь лъащӏэншэхэм я тепщэр

Къэслъыхъуэну хуит сыкъэщӏ», -

Щыжиӏакӏэ, сызэхещӏэ,

Си гупсысэхэр къетӏэщӏ.

…Жыгхэр пцӏанэщ, псалъэр пцӏащхъуэщ,

Слъагъуу ари мэхъур ткӏуэпс.

Гъэщӏэгъуэну нитӏыр нащхъуэщ,

Къызолъэӏур: «Къызбгъэдэс».

Нэгум щӏэкӏыр нэбжьыцыпэм

Пылъэлъыжмэ, сыт пхуэщӏэн?

Мэ щхьэрыухэр къищыпу

Уэшх хьэлэлым къызищэн?

Источник: @zhygue

ключевые слова: сызэхещ1э